ЖЬЭГУ МАФIЭР ЦIЫХУБЗЫIЭМ ЕХЪУМЭ

Бадзэуэгъуэм  и  8-р  Унагъуэм, лъагъуныгъэм,  зэхуэпэжыныгъэм  и  махуэщ
 

Унагъуэм ис цIыхухэм я зэ­хущытыкIэ хуабэмрэ зэгу­ры­Iуэмрэ насыпым и джэлэсщ. Ар хьэкъыу и фIэщ мэхъу Лэскэн районым хыхьэ Хьэ­туей къуажэм щыщ БищIо ­Ларисэ. Абырэ и щхьэгъусэ Сергейрэ гъащIэ насыпыфIэ къызэдагъэщIащ, бынитху зэдапIащ, ягъэсащ, яхуэфащэ дыдэу, «щапхъэ зытрах уна­гъуэ» цIэ лъапIэри къыхуа­гъэфэщащ.

«ПщIэ, лъагъуныгъэ, зэгу­рыIуэ - ахэр унагъуэкIэ зэджэ ду­нейр зэтезыIыгъэ хы джеищ», - жеIэ Ларисэ. А къару­хэр щызу зыхэзыщIа цIыху насы­пыфIэу зелъытэж абы. И щхьэгъусэр илъэс 15 ипэ дунейм ехыжащ, ауэ нобэ хуэдэу бзылъ­хугъэм ещIэж зэры­зэ­рыцIы­хуауэ щытар, абыхэм я япэ зэ­IущIэр. 
Ахэр Хьэтуей ­къуажэм къыщалъхуащ, я унагъуэхэр зэпэ­мыжыжьэу псэ­уащ. Серёжэ 1943 гъэм къалъ­хуащ. Школыр къиуха иужь, ФинансхэмкIэ Владикавказ дэт техникумым щеджащ. 1968 гъэм ар къиух­ри, Аруан рай­ко­мым мылъкур зэгъэзэхуэнымкIэ и къудамэм  и инспектору лэжьэн щIидзащ. ИужьыIуэкIэ ар щIэтIысхьащ цIыхубэ хо­зяйствэмкIэ Одессэ дэт институтым ухуэныгъэмкIэ и къудамэм. Абы щIэныгъэ ­нэхъыщхьэ щызригъэгъуэта иужь, «Урыху» совхозым и бух­галте­рием планхэмкIэ и къу­дамэм и уна­фэщI ящIащ. ПщIэ­рэ щытхъурэ иIэу, лэжьыгъэм щызыIэригъэ­хьа ехъу­лIэныгъэхэр къалъытэу а IэнатIэм илъэс 32-кIэ пэрытащ Серёжэ. 
Ларэ 1952 гъэм къалъхуащ. Школ нэужьым илъэситIкIэ ­пионер вожатэу лэжьащ, иужь­кIэ щеджащ зэгуэр и щхьэ­гъусэм къиухауэ щыта Владикавказ финансхэмкIэ и техникумым. Нарткъалэ дэт обще­питым и ревизору лэжьащ. Урыху къуажэ библиотекэм зэманкIэ щыIа иужь, Хьэтуей ­библиотекэм зыкъригъэдзы­жауэ щытащ. Абы и унафэщIу Ларэ илъэс 40-кIэ лэжьащ. 
Зэщхьэгъусэхэр щызэхуэзар я къуажэращ. Илъэс 25-рэ хъу щIалэ лъагъугъуафIэр, щIэныгъэ зыбгъэдэлъыр, лэжьыгъэр фIыуэ зылъагъур псоми ягу ирихьырт, дэтхэнэми и пхъур иритыну хьэзырт. Курыт еджапIэр къэзыух Ларэ экзаменхэм зыхуигъэхьэзыру библиотекэм щеджэ и пэшым щIэст. Дзэм къулыкъу щищIэу къэзыгъэзэжа Серёжэ техникумым щIэ­тIысхьэну и мурадти, эконо­микэ географиемкIэ тхылъ ­къилъыхъуэрт. Библиотекэм и лэжьакIуэм куэдрэ къыхуэ­гъуэтакъым ар зыщIэлъэIур. ИтIанэ Ларэ зыкъыхуигъэзащ: «Ебгъуанэ классым ущеджакъэ уэ а дерсым? Уэ ухуеижкъым а тхылъым, щIалэм къы­хуэсэбэпынущи едгъэт». Ларэ арэзы хъуащ, апхуэдэуи «хьэуэ» жриIэфакъым унэм нэс игъэ­кIуэтэжыну къыщыжриIэм. Куэ­дым тепсэлъыхьащ ахэр, я мурадхэр зэхуаIуэтащ, я хъуэпсапIэхэри ябзыщIакъым. Игъа­-щIэ лъандэрэ зэрыцIыхуами ярейт. Пэжыр жыпIэнуми, арат зэрыщытыр, я унагъуэхэр зэ­гъунэгъут, зэрыцIыхурт, пщIэ зыхуащIырт. Арати, ныбжьы­щIэхэр зэрышэну траухуащ. 1973 гъэм ныкъыгъэм и 1-м ­унагъуэщIэ яухуащ Серёжэрэ Ларэрэ. 
- ЖаIэркъэ накъыгъэм узэ­рышэну мыфIу, игъащIэкIэ тын­шыгъуэ умылъагъуну? Ди деж ар нэрылъагъу щыхъуа­къым. Унагъуэ насыпыр сэ щызу зыхэсщIащ, - жеIэ Ларэ. 
Адыгэ хабзэр щызэрахьэ, хьэщIагъэр щалъытэ, цIыхухэм пэжкIэ щабгъэдэт, гъэсэ­ныгъэ дахэ щызекIуэ унагъуэщ БищIохэ. Аращ насыпыфIэу, зэкъуэту щIэпсэур, зыр адрейм дэIэпыкъужу гъащIэм дахэу щIы­хэтыфыр. Я зэфIэкIымрэ щIэныгъэмрэ, пэжыгъэмрэ ­гуапагъэмрэ я фIыгъэщ Се­рёжэрэ Ларэрэ бын дахэ зэрагъэсар.
Япхъу нэхъыжь Мадинэ Налшык дэт 28-нэ школым пэщIэ­дзэ классхэр щрегъаджэ. СабиитI иIэщ. Къуэ нэхъыжь ­Рэмэзан зэпыщIэныгъэмкIэ Санкт-Петербург дэт, Буденкэ  С. М. и цIэр зезыхьэ дзэ ака­демиер къиухащ. Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхахэм ипэ махуэ щыщIэдзауэ хэтщ. Куэд мыщIэу майор цIэр къыфIа­щынущ. Зыхэтхэм къызэралъытэр, пщIэ къызэрыхуащIыр анэм и дежкIэ уасэ зимыIэ ­хъугъуэфIыгъуэщ. 
Марьянэ республикэм и Сабий унэм логопеду щолажьэ. Зы къуэ цIыкIу иIэщ. Пхъу еща­нэр - Iэминэ - КъБКъУ-м филологиемкIэ и институтыр къиухащ, Хьэтуей къуажэ школым адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щрегъэдж. Сабиищ епI.
Ларисэ ипхъу нэхъыщIэ Залинэ КъБкъУ-м и педкол­ле­джыр къиухащ, Нарткъалэ дэт сабий садхэм ящыщ зым гъэсакIуэу щолажьэ. СабииплI еIп. 
Быным я нэхъыщIэ Мухьэмэд Кавказ-Ищхъэрэ къэрал университетым юрист IэщIагъэ щызригъэгъуэтащ. Сабиищ на­сыпыфIэу къыщыхъу унагъуэ дахэ иIэщ. 
ГуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ къыхалъхьэ и щIэблэм Ларисэ, ирогуфIэ абыхэм я ехъулIэ­ныгъэ хэплъэну Iэмал зэриIэм. Куэдрэ щызэхуосыж ахэр я адэжь лъапсэм икIи хьэлыфIу къадокIуэкI я зэIущIэгъуэ къэс сурэт зэрызытрагъэхыр. Куэд щIакъым абыхэм зы сурэт дахэ къазэрыхэхъуэрэ - я анэ ды-щэм, анэшхуэ Iумахуэм и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур ­хуагъэлъэпIащ. 
«Унагъуэр махуэ къэс гугъу узыдехьын хуей Iуэхущ, - жеIэ Ларэ. - ШыIэ, псэ къару уимы­Iэмэ, абы щыблэ жьэгу ма­-фIэр мыункIыфIу пхуэхъумэ­нукъым. Ауэ сытми жаIэркъым ар цIыхубзыIэм ихъумэу. Абы  елъытащ унагъуэм илъыну хуа­багъэр. Лэжьыгъэм, Iуэхум, ­гъащIэм ехъулIэ щхьэгъусэ, сабий жыIэдаIуэ, лъагъуныгъэр абы­хэм ящIыгъужу - ахэращ цIы­хубзым и къарум и къигъэ­хъуапIэр. Сэ а фIыгъуэм ди Щхьэщыгу Итым сыхинатэкъым». 
Зи сабийхэр езыхэм я щапхъэм щIэзыпIыкIа Серёжэрэ Ларэрэ лъэпкъым хуащIар мащIэкъым: бынитху узыншэу япIри лъэ быдэкIэ гъащIэм хагъэуващ, унагъуэ дахэу ягъэ­тIысыжащ. БищIохэ я жьэгум илъ зэгурыIуэмрэ зэхущытыкIэ дахэмрэ хуэдэр иджыпстурей щIалэгъуалэм гъуазэ яхуэ­хъуамэ, фIыт! 

ГУЭБЭШЫ Марианнэ, ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

11.02.2025 - 15:02

ЗэкIэ и закъуэщ

Самбэ

11.02.2025 - 12:25

БлэкIамрэ нобэмрэ зэпащIэ

«Искож» хьэблэм щаухуа Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центрым япэу щагъэлъэгъуащ «Лица Кавказа» выставкэр.

11.02.2025 - 09:03

Наркотикым и бийхэр

Республикэм и курыт еджапIэхэм я командэхэм футзалымкIэ я зэхьэзэхуэ «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ. «Фэ топ» фIэщыгъэр зезыхьэ а зэпеуэр хохьэ еджакIуэхэм я футбол лигэм.

11.02.2025 - 09:03

Сом мелуан 224-кIэ нэхъыбэщ

«Урысей сетхэр - Кавказ Ищхъэрэ» IуэхущIапIэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм 2024 гъэм республикэм и цIыхухэм яхуищIа Iуэхутхьэбзэм къыпэкIуа ахъшэр къанэ щымыIэу къыхихыжащ икIи ар сом мела

11.02.2025 - 09:03

Щапхъэхэм толажьэ

КъыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым зегъэIэтыным, зыдэплъеин нэрылъагъу щапхъэхэр нэхъыбэ щIыным и IуэхукIэ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсым къриубыдэу къэралым лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд щекIуэкIыну