НАРКОТИК ЗДЭЩЫМЫIЭ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР![]() Наркотикым пэщIэтыным и дунейпсо махуэм траухуауэ Налшык Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я унэм щекIуэкIащ «Наркотик здэщымыIэ Къэбэрдей-Балъкъэр» зэхыхьэр. Ар къызэрагъэпэщащ наркотикыр щIэблэм Iумпэм ирагъэщIын папщIэ. Iуэхум хэтащ КъБР-м и МВД-м наркотик зэзыгъэкIуэкIхэм якIэлъыплъынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэ, полицэм и подполковник Давыдовэ Иринэ, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм егъэджэныгъэ, гъэсэныгъэ гуэдзэнымкIэ и къудамэм и IэщIагъэлI Блий Заирэ, Урысейм и УМВД-м Налшык къалэм щиIэ и къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспектор, полицэм и капитан ДыщэкI Заринэ сымэ. Ахэр тепсэлъы-хьащ наркотикым къихь насыпыншагъэхэм, абы цIыху гъащIэр зэрикъутэм, а щхъухь бзаджэм игъэщхьэрыуэхэр гъащIэм тыншу зэрыхэмызэгъэжым. IэщIагъэлIхэм ныбжьыщIэхэр къыхураджащ спортым, гъуазджэм, щIэныгъэм нэхъ егугъуну.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|