Тхылъ емыджэр ныбжьэгъу хъуну?

«Тхылъ еджэн хьэл зимыIэ цIыхур гупсысэркъым, гупсысэкIэ ищIэркъым, - апхуэдэу къыщIедзэ мэкъуауэгъуэм и 24-м зи илъэс 70-р зыгъэлъэпIа иджырей урыс тхакIуэ, филологиемкIэ профессор Жаринов Евгений. – Иужьрей илъэс 50-м зы тхылъ къызэрызэгуимыхар къы­­­зэрызгурыIуэу, си «ныбжьэгъу» куэ­­дым япэIэщIэ зысщIащ абы къы­хэ­кIыу. Ахэр акъылкъым зэрыпсэур, къе­жьэ хьэлым зыдрагъэкIуу аркъудейщ, адрейхэм яхэгъуэщэн папщIэ. «Иджып-­ с­ту цIыхухэр мыпхуэдэу щытщи, сэри ап­хуэдэу сыщытынщ», - аращ и акъылым зэригъэзахуэр». 

Жариновыр зытепсэлъыхьыр кIуэры­кIуэм утету къыбгурыIуэн гупсысэхэм зэ­ращымыщыр плъагъу пэтми, нэхъы­жьыIуэхэр къэгъэнауэ, абы щIэдэIу щIалэгъуалэм я бжыгъэр куэд дыдэщ. ЩIэныгъэлIым нэхъ игу къеуэхэм язщ «тхылъ цивилизацэ» хужаIэу, цIыхур зыщIапIыкIыу щыта дуней купщIафIэр нэрылъагъуу зэрыкIуэдыжыр.
«Тхылъым къигъэщIа дунейр ды­кIэлъыIэбэурэ мэкIуэдыж. Курыт лIэщIыгъуэхэм зэрыщытам ещхьу, унэр зэрагъэщIэращIэ хьэпшыпу къонэ тхылъхэр. Ауэ цIыхум еджэн хущыгъэтынукъым, сыту жыпIэмэ, дунейм щекIуэкIыр къыгурыIуэн папщIэ, абы къыщыхъухэм гу лъимытэу хъунукъым. Сэ зи гугъу сщIыр ар зэджэм и кууагъымрэ тхылъым къриджы­кIам и гъащIэр зэрызэригъэзахуэмрэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, тхылъ купщ­Iэн­шэхэр, узэреджэу пщыгъупщэж Iэдакъэ­щIэкIхэр нэхъыбэ хъуащ. Абы къыхэкIыу, тхэнкIэ ерыщ псоми «гений» фIащ. ТхэкIэ, еджэкIэ зыщIэр «тхакIуэщ» ди зэманым. Тхылъхэм я жинтхэмрэ я теплъэмрэ за­хъуэж. Ахэр кIуэ пэтми нэхъыбэу бжыгъэр зи тегъэщIапIэ Iэмэпсымэхэм ирагъэзэгъэнущ. ТхылъымпIэм тедза езы тхылъ ды­дэхэр ахъшэ зи куэдхэм къащэхунущ, губзыгъафэ къатеуэу я хьэщIэхэм хуа­гъэпIиин папщIэ». 
ИгъащIэ лъандэми тхылъ еджэныр куэ­дым яхузэфIэкIыу щытакъым, Жариновым зэрыжиIэмкIэ. ЦIыху щхьэхуэр тхылъ щIемыджэфыр абы зэрыцIыкIурэ ирагъа­сэркъыми аращ. «Мыр сшхымэ, мор тес­шхыхьыжынщ» гупсысэкIэ зиIэ цIыхум тхылъ уемыджэу щIэмыхъунур къыгурыбгъэIуэжыфынукъым, балигъ хъуа нэужь. Абы дежкIэ еджэныр хьэзаб гуащIэм и нэщэнэщ. ЗанщIэу фейдэ къызыпэмыкIуэ Iуэхум гугъу зыщIыдебгъэхьынур хузэгъэзахуэркъым. 
«Литературэм и мыхьэнэр фIэкIуэдакъым, - жеIэ щIэныгъэлIым. - ИтIанэ щIэ­ныгъэм теухуамрэ «художественнэ» жы­хуэтIэмрэ зэдэмыгъуэгурыкIуэу хъунукъым. Япэрейм тхыдэм, щэнхабзэм, щIэ­ныгъэм епхауэ зэбгъэщIэну узыхуей гуэр къыбох. Нэрымылъагъуу тхэлъ ди зэ­хэщIыкIым лъэIэс адрейми и мыхьэнэр абрагъуэщ». 
Жариновыр Зыуэ щыт къэрал къэп­щы­тэныгъэм (ЕГЭ) и бийхэм язщ. ЕджакIуэхэм хуагъэув нагъыщэхэм мыпэж куэд къы­зэрыхэхуэр къэпщытэныгъэм Iулъхьэшхуэ зэ­рыщызекIуэм и щыхьэтщ, ар зэреплъым­кIэ. «Дауэ Кавказым къикIа, урысыбзэкIэ да­хэ-дахэу мыпсэлъэф, заявленэ къудей щы­уагъэншэу зымытхыф сабийхэм ЕГЭ-м­кIэ нагъыщэшхуэхэр къызэрахьыр? ­ЕГЭ-м узыщыгуфIыкIын зыри хэткъым. Ма­тематикэмрэ физикэмкIэ зыгуэр хэлъми сщIэркъым, ауэ урысыбзэмрэ литературэмрэ иригъэфIакIуэу зыри хэмылъу аращ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, ­ЕГЭ-м тхылъ уеджэныр мыIэмалыншэу егъэув. Тхыгъэм щекIуэкIыр кIэщIу жы­пIэж­мэ зэ­фIэкIащ. ЛитературэмкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтын зэрыхуей Iуэхур псалъэ­зэблэдз пщIыжым ещхь хъуащ. Ар щы­уа­гъэ егъэлеящ, апхуэдэу тхылъым ухущыт хъунукъым. Си щхьэкIэ ЕГЭ-р щат зэ­ма­ным си ныбжьыщIэгъуэр ирихьэлIамэ, зэи филолог сыхъунутэкъым. Дэри къыд­деджащ я цIыхугъэхэм къыщIагъэ­тIысхьа, зи адэ-анэм къадыгъуа мылъкур­ IулъхьэкIэ ягъэкIуэдыжурэ диплом къэ­­зыхьхэр. Ауэ сэ еджэнкIэ зызгъэнщIыртэ­къым, си ныбжьэгъухэм я нэхъыбэри я псэм фIэфIу еджэрт. Школым дыщыщIэсам щыгъуи, гупсысэкIэм драгъасэрт. Тхылъхэм уемы­джэмэ, сочиненэр пхуэтхынукъым къыджаIэрти, абы егупсысыжын хуейтэкъым, пэжти. Иджыпсту ахэри щы­Iэж­къым». 
«Уи гум илъыр тхылъымпIэм къы­щы­пIуэтэфыныр насыпышхуэщ, - и гупсысэм зрегъэужь профессорым. - ЕгъэджакIуэу сыщыщытам тэтэр щIалэ цIыкIу гуэр езгъэджат. «ЩIыуэпсым нэхъыфI дыдэу щыслъагъу дурэш» сочиненэ итхын хуейти, ­гугъу иримыгъэхьу зы мэскъал къыхэмынэжауэ, гупсысэрт щIалэ цIыкIур. И унагъуэм зэрыщызэпсалъэр тэтэрыбзэ защIэти, уры­сыбзэм и дахагъэр къиубыдыну хэтт. СочиненэкIэ фIэкIа, ухэтми дунейм щыжумыIэф къыпхуохуэ, ин ухъуху. Иджыпсту апхуэдэ сабийхэм щIеджэн щхьэусыгъуэр IэщIачащ». 
Гу зэрылъытэгъуафIэщи, Жариновым ныбжь зиIэ дэтхэнэ цIыхуми хуэдэу, «ди зэманым зэрыщытар» гупсысэхэр и куэдщ. ИтIани, езым бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ ар къызэриIуатэ бзэмкIэ узэрыдихьэхым нэмыщI, мыхьэнэ зиIэ, ауэ пщIэ зыхуамы­щIыж тхылъ еджэныр, литературэр фIыуэ лъагъуныр, зыужьыныр, екIуу псэ­лъэныр цIыху згъэсэнщ жызыIэм зыIэщIигъэкI мыхъуну Iэмал лъапIэу зэрыщытыр щIэх-щIэхыу дигу къегъэкIыж.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.

13.07.2026 - 10:01

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

12.07.2026 - 09:03

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.