Урысей ФСИН-м и управленэу КъБР-м щыIэм щызэхуэзащ абы и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Демидов Александр, сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ, Урысей ФСИН-м и УИС-м и инспектор нэхъыщхьэ Виноградов Георгий сымэ.
Ахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэ ведомствэхэр зэрызэдэлэжьэнум, балигъ мыхъуахэмрэ цIыхубз уэндэгъухэмрэ къэралым къарит хуитыныгъэхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэм- рэ хъумэныр къызэгъэпэщыным.
Сабий омбудсменым гу лъаригъэтащ КъБР-м щыIэ УФСИН-м и следственнэ изолятор №1-м шэч хуащIу, ягъэкъуаншэу щаIыгъ балигъ мыхъуахэм егъэджэныгъэм ехьэлIауэ очнэ е очнэ-заочнэ щытыкIэм иту ядэлэжьэныр зэтеухуэн зэрыхуейм. «Ди мурадыр – балигъ мыхъуауэ хабзэм ебэкъуа, гъащIэм и щытыкIэ гугъум къихута сабийхэм егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм дащIыгъуу щIэныгъэ едгъэгъуэтынырщ», - къыхигъэщащ Лъынэм.
Пенитенциар ведомствэм и унафэщIым къыхигъэщащ УФСИН-м хэкIыпIэ, Iэмал псори къызэригъэсэбэпыр я деж щаIыгъ, апхуэдэуи уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэм и учётым щыт балигъ мыхъуахэмрэ цIыхубз уэндэгъухэмрэ я хуитыныгъэхэр хъумэн икIи зэфIэгъэувэжын папщIэ.
Лъэныкъуэхэр зэгурыIуащ КъБР-м щыIэ УФСИН-мрэ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм и аппаратымрэ я зэдэлэжьэныгъэр нэхъри ирагъэфIэкIуэну.
УЭРДОКЪУЭ Женя.