«СИ УНАГЪУЭ, СИ УРЫСЕЙ»Урысейм и махуэм и щIыхькIэ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум и утым къыщызэIуахащ «Си унагъуэ, си Урысей» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Абы ущеплъ хъунущ «Анэм и щIыхь» медалыр, «Адэ-анэм я щIыхь» орденыр зыхуагъэфэщахэм, «Илъэсым и унагъуэ-2024» урысейпсо зэпеуэм и республикэ Iыхьэм щытекIуахэмрэ ехъулIэныгъэ къыщызыхьахэмрэ, апхуэдэуи дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм я унагъуэхэр къызэрыщ сурэтхэм. Гъэлъэгъуэныгъэм щхьэхуэу хагъэхьащ сабийхэм ящIа «Си унагъуэ, си Урысей» сурэтхэри.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|