ЗЫХИЛЪХЬЭ ЩЫIЭТЭКЪЫМ![]() Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм я цIэхэр пэш щхьэхуэхэм фIэщыныр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хабзэ дахэу щыувауэ зыбжанэ лъандэрэ къокIуэкI. ЩIыналъэм щыпсэухэм къадекIуэкI лъэпкъ гупсысэкIэр къапщтэмэ, зи дунейр зыхъуэжа, ауэ цIыхугъэмрэ щIэблэм я зыузэщIыныгъэмрэ зи гуащIэ езытахэм я фэеплъыр хъумэныр хьэкъ зыщытщIыжу дыкъогъуэгурыкIуэ. Гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэ дахэр хуэгъэпсащ щIэблэм я гур апхуэдэ цIыхухэм къащIэна щIэныгъэ хъугъуэфIыгъуэм хуэгъэушыным, я лъэужьым ирикIуэну хуейуэ я хъуапсэр къызэщIэIэтэным. Апхуэдэу КъБКъУ-м физикэмрэ есэпымкIэ и къудамэм хыхьэ пэшым академик Фортов Владимир и цIэр фIащынущ. ЕджапIэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ къызэрыхигъэщамкIэ, КъБКъУ-м физикэм епха щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэр шэщIауэ щегъэкIуэкIыным, абы пыщIа хуэIухуэщIэхэм зыщегъэужьыным и фIыщIэ хэлъщ щIэныгъэм зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр хуэзыщIа академикым. «Сэ фIы дыдэу сцIыхуу щытащ Фортов Владимир, Iуэху дэсщIэну, ди гупсысэхэмкIэ дызэдэгуашэу пэхуэщIэ зыбжанэ къыхэтлъхьэну игъуэ сихуащ. Академикыр мызэ-мытIэу ди щIыналъэм щыхьэщIащ, ди лэжьэкIэм зыщигъэгъуазэу, дызыхуэныкъуэхуэм къыщIэупщIэу, тхузэфIэкIахэр гъащIэм зэрыхэтпщэну щIыкIэхэмкIэ чэнджэщ къыдихьэлIэу щытащ. Сыт хуэдэ жэрдэм къыхэдмылъхьэми къыддиIыгъырт, ар къэгъэнауэ, гукъэкI зыхуэтщIа Iуэхугъуэхэр нэхъыбэу зэфIэха хъун папщIэ щIэгъэкъуэнышхуи къытхуэхъурт. Абы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ атом пкъахуэхэм я зэхэлъыкIэр зыдж физикэ щIэныгъэм ди еджапIэм увыпIэ хэха зэригъуэтам. ЩIалэгъуалэ узыншэ зэрыдиIэр, физикэм и лъагапIэхэр къэзыгъэIурыщIэн щIэблэ зэчиифIэхэр зэрыдимымащIэр и фIэщ хъурт. ИкIи лъэкI къимыгъанэу щIэбэнащ ди щIыналъэм ит курыт еджапIэхэр къэзыух ныбжьыщIэхэр щIэныгъэшхуэм и гъуэгум тегъэувэным – дэ гурыщхъуэ зыхуэтщI гуэрхэр щыIэми, академикым къытхуиIэ фIэщхъуныгъэм ахэр IэщIыб дигъэщIыжырт, къытщIэхъуэ щIалэгъуалэм ди гур яхузэIутхыным нэхъыщхьэ зэрыщымыIэр и щапхъэмкIэ дигъэлъагъурт. Ар нэхъри IупщI хъурт емышыжу зи зэхэшакIуэ хъу щIэнIуатэхэм, Iэнэ хъурейхэм, щIэныгъэ зэхуэсхэм. Фортов Владимирщ Бахъсэныщхьэ щыIэ нейтринэ обсерваторием щылэжьэну IэщIагъэлIхэр ягъэхьэзырын папщIэ физикэ къызэрыкIуэмкIэ кафедрэ къызэIухыным и жэрдэмщIакIуэ хъуар. Ди щIыналъэр зыхилъхьэ щыIакъым, фIыуэ илъагъурт, щIыпIэхэм я дахагъым, цIыхухэм я къабзагъымрэ зэрахьэ хабзэхэмрэ зэпымычу ирипсалъэрт, щапхъэу нэгъуэщIхэм къахуихьырт. Институтым и зы пэшым Фортовым и цIэр фIэтщкIэрэ, абы ди цIыхухэм я пащхьэ щиIэ фIыщIэр зэрытщымыгъупщэр кърыдогъэлъагъуэ, ди еджапIэм зиужьыным папщIэ зэфIиха Iуэхугъуэхэм папщIэ щхьэлъытэныгъэ зэрыхуэдгъэфащэр наIуэ къыдощI. ЦIыхушхуэт, щIэныгъэлI лъэрызехьэт. Дэ куэдрэ къытхуихуэркъым Фортов Владимир хуэдэу зи гур къытхузэIуха, зи псэр къытхуэкъабзэ цIыху, IэнатIэшхуэ пэрыту, пыщIэныгъэшхуэхэр иIэу къыддэлэжьэну. Дэри абы хуэфащэ хьэкъ идотыф, ар ижьрей хабзэу тхэлъщ», – жиIащ Алътуд Юрэ. Фортов Владимир Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIыхь зиIэ и профессорт, ПсапащIэ мылъкур зезыгъакIуэ советым хэтт, щIыналъэм щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмрэ зыщиужьыным жыджэру хуэлажьэрт. Фортовым и цIэр пэшым фIэщыныр щIэныгъэлIым и щIэиныр еджапIэми, егъэджэныгъэ IэнатIэми, хэгъэгуми зэрыщымыужьыхынум, абы къыпызыщэхэр зэрыщыIэнум и шэсыпIэщ. «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» нагъыщэ псори зэриIэм къыхэкIыу, Фортовым и цIэр Кавказ къуршхэм я зы лъагапIэм фIащауэ зэрехьэ. Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и унафэщIу щыта щIэныгъэлI щэджащэр и ныбжьыр илъэс 74-м иту дунейм ехыжащ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ монографиеу 30, къэхутэныгъэ лэжьыгъэу 900-м щIигъуу. Фортов Владимир и лэжьыгъэшхуэхэм я нэхъыбэр хамэбзэ куэдкIэ зэрадзэкIащ. Аращ абы и цIэр урысей щIэныгъэм и мызакъуэу, дунейпсо щIэныгъэми щ1ыщащIэр, и гуащIэдэкIым пщIэ щIиIэр. ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|