Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхуащIыжащ Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм зэдай «Куначество-2024» щIалэгъуалэ Iуэхур. Абы мы гъэм хэтащ республикэм и къуажэхэмрэ къалэхэмрэ щыщ унагъуэ 18.
Курыт еджапIэм и 8 - 10 классхэм щIэс ныбжьыщIэхэу Iуэхум хэтахэр тхьэмахуэкIэ щыхьэщIащ зрагъэблэгъа унагъуэхэм. Абыхэм зыщагъэгъуэзащ лъэпкъхэм я хабзэхэм, щэнхабзэм, нэхъыжьым, хьэщIэм пщIэ зэрыхуащIым, нэгъуэщIхэми.
Мы Iуэхур зэраухам теухуауэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ щIалэхэмрэ гугъу закъыдезыгъэхьа унагъуэхэмрэ. Абыхэм папщIэ зыкъагъэлъэгъуащ ди республикэм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм.
Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министр КIурашын Анзор щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ зыхащIа ныбжьэгъугъэр, хьэщIагъэр я гъащIэ псокIэ къахуэщхьэпэну, езыхэри апхуэдэмкIэ щапхъэу щытыну. Зэхыхьэ гуапэм хэта щIалэхэм КIурашын Анзор сертификатхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ. Апхуэдэу адэ-анэхэм фIыщIэ тхылъхэмкIэ яхуэупсащ.
Фигу къыдогъэкIыж: Iуэху дахэр къызэрыхалъхьэрэ (2009 гъэ лъандэрэ) Кавказ Ищхъэрэм и хэгъэгухэм, Урысейм и щIыналъэхэм, Тыркум щыщ ныбжьыщIэ 400-м щIигъу зэрыцIыхуащ. Ар щхьэпэщ лъэпкъ, дин зэмылIэжьыгъуэхэм щыщ ныбжьыщIэхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр ягъэбыдэнымкIэ, щIыналъэм щыпсэухэм я зэпыщIэныгъэм зрагъэубгъунымкIэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.