Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм щызэхэта зэIущIэм щытепсэлъыхьащ ди щIыналъэм ис лъэпкъхэм ижь-ижьыжкIэрэ къадекIуэкI хабзэ-бзыпхъэхэм пщIэ хуащIу иджырей щIэблэр гъэсэнымкIэ дин зэгухьэныгъэхэм ягъэзащIэ лэжьыгъэр зыхуэдэм.
Зэхыхьэр ирагъэкIуэкIащ зи гугъу тщIы IэнатIэм Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм заужьынымкIэ, лъэпкъхэмрэ дин зэмылIэужьыгъуэ зезыхьэхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр зэпIэзэрыту щытынымкIэ, мылъку къегъэщIыным зи IуэхущIафэ емыпхахэм ядэпыкъунымкIэ и комиссэм и унафэщI Маслов Николайрэ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Федченкэ Людмилэрэ.
ЗэIущIэм я Iуэху еплъыкIэм теухуауэ къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым лъэкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулэт, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрым и къуэдзэ Мысост Екатеринэ, Урыс Православнэ Зэхуэсым Псыхуабэрэ Черкесскрэ щаIэ епархием и къудамэу Налшык къалэ щыIэм и благочиннэ, зи гугъу тщIы комиссэм хэт Бобылёв Валентин, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис муслъымэнхэм я дин зэгухьэныгъэм и унафэщI, комиссэм хэт Дзасэжь Хьэзрэталий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и центрым и унафэщIым и къуэдзэ Лу Марьянэ, КъБР-м и Прокуратурэм и лэжьакIуэ Бэрсагъ Алан сымэ.
Зэхыхьэм нэхъыбэу зи гугъу щащIар 2022 гъэм щэкIуэгъуэм и 9-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа унафэу зи №809-нэм «Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм ижь-ижьыжкIэрэ къадекIуэкI псэкупсэ зэхэтыкIэмрэ хабзэ-бзыпхъэхэмрэ хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ къэрал политикэм и лъабжьэ» жыхуиIэр ди щIыналъэм зэрыщагъэзащIэрщ.
ЗэIущIахэр зэIухауэ тепсэлъыхьащ къэралми республикэми щыпсэухэр нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм ящыщу, цIыхухэм, псом хуэмыдэжу иджырей щIалэгъуалэм, я щыIэкIэ-зэхэтыкIэм зэщымыщхъуныгъэрэ укъэзыгъэуIэбжьу къахыхьэ хуэмэбжьымэхэр зыхуэдэм. Зэхыхьэм щызэрихьэлIахэм апхуэдэхэм ящыщу къызэдалъытащ цIыхубзхэм Iэпкълъэпкъыр щIэзыхъумэу зыщатIагъэ щыгъынхэм, нэм фIэкIа къыкъуэмыщыжу, нэкIури зыгъэпщкIухэр къазэрыхэкIыр, уеблэмэ абыхэм я бжыгъэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъумрэ диным щыхурагъаджэу хамэ къэрал къикIыжхэм къыздахь гъащIэ еплъыкIэ-егупсысэкIэхэр ди деж зэрыщыпхымыгъэкIыпхъэмрэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр еджапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэсхэм унагъуэр зыгъэбыдэ зэхущытыкIэхэм зэращыхутепсэлъыхьым къыдэкIуэу, политикэ, социальнэ, цIыху зэхэтыкIэ я лъэныкъуэкIэ щIалэгъуалэр нэхъ зыгъэжакъуэ, гъуэгу пхэнж тезышэ хуэмэбжьымэу нэгъуэщI хэгъэгухэм къраххэм япэщIэтынымкIи лэжьыгъэ пыухыкIахэр яхуегъэкIуэкIынущ. Апхуэдэ IуэхущIафэхэм я мыхьэнэм кIуэ пэтми нэхъри зиужьынущ, лъэпкъхэмрэ дин зэмылIэужьыгъуэ зезыхьэхэмрэ я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр зэIащIэным хуэунэтIауэ Урысей Федерацэм къеныкъуэкъу къарухэр мымащIэу зэрыщыIэр къэтлъытэмэ. Зи гугъу тщIыр нэхъри нэрылъагъу хъуащ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI мы лъэхъэнэм, - жиIащ зэIущIэр езыгъэкIуэкIа Маслов Николай.
Бобылёв Валентин къыщыпсалъэм къыхигъэщащ жылагъуэм къыщаIэт IуэхугъуэщIэхэм щабагъэ хэлъу зэрыбгъэдыхьэпхъэр, чыристан, муслъымэн динхэм къызыхураджэри зэрыарар.
Дзасэжь Хьэзрэталий къызэхуэсахэр щыгъуазэ ищIащ зи унафэщI IуэхущIапIэм щылажьэхэр щIэх-щIэхыурэ курыт еджапIэхэм щIэсхэм зэраIущIэм, абыхэм узыншагъэр яхъумэным теухуауэ ящIапхъэм, цIыхухэм я зэхуаку шыIэныгъэ дахи зэхэщIыкI нэси дэлъын зэрыхуейм, республикэм ис лъэпкъхэм ижькIэрэ къыддекIуэкI хабзэ-бзыпхъэхэмрэ дин къабзэм къигъэувымрэ зэрызэдегъэкIупхъэм, нэгъуэщIхэми я гугъу зэрыщащIым.
Лу Марьянэ зэрыжиIамкIэ, зи лIыкIуэ еджапIэ нэхъыщхьэм щIэсхэм щаIущIэкIэ, студентхэр щыгъыным и мызакъуэу, нэгъуэщI зыгъэпIейтей куэдми щIоупщIэ, уеблэмэ къэралми абы и щIыбкIи къыщекIуэкI, псынщIэу зызыхъуэж Iуэхугъуэхэми я гугъу ящI.
Федченкэ Людмилэ зэIущIэр щызэхуищIыжым къыхигъэщащ хэгъэгухэр нэхъ щызэлъэIэс, хъыбархэр нэхъ тыншу икIи псынщIэу щызэIэпах хъуа иджырей лъэхъэнэм дэтхэнэ лъэпкъми езым фIэнэхъапэу ижькIэрэ къыдекIуэкI хабзэ-бзыпхъэ дахэхэр IэщIыб зэрамыщIыпхъэм теухуа мыбы хуэдэ зэIущIэхэр, шэч хэмылъу, зэрыщхьэпэр.
БЭРАУ Бышэ.