ЯХУЗЭФIЭКIАХЭР КЪАПЩЫТЭЖ

Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и Парламентым и зэIущIэ мэкъуауэгъуэм и 6-м екIуэкIащ. Хабзэубзыху IэнатIэ нэхъыщ­хьэм и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ зэIущIэр къызэIуихри, псалъэ иритащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий.

КъБР-м и Iэтащхьэм и уна­фэкIэ, Мусуков Алий къызэщIи­къуэжащ 2023 гъэм къриубыдэу КъБР-м и Правительствэм зэфIиха Iуэхухэр. 
- Накъыгъэм и 7-м УФ-м и Президентым къыдигъэкIа «2030 гъэ, адэкIи 2036 гъэ пщIондэ Урысей Федерацэм зэрызиужьынум теухуа лъэпкъ Iуэхухэм ехьэлIауэ» унафэм, апхуэдэуи Путин Владмир Федеральнэ Зэхуэсым зэрызыхуигъэзам ипкъ иткIэ, ди къэралыр пэлъэщын ­хуейщ ар зыхэт, апхуэдэуи зэман гъунэгъум къыкъуэкIынкIэ хъуну Iуэху мыщхьэмыпэхэм, дунейпсо политикэмрэ экономикэмрэ хуэфащэ увыпIэр щиIыгъыным. Ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIыналъэхэр, цIыхухэм я псэу­кIэр едгъэфIэкIуэныр, узыншагъэр тхъумэныр, унагъуэхэм да­дэ­Iэпыкъуныр, дэтхэнэ зыми и зэфIэкIыр нэсу къедгъэгъэсэ­бэпыныр, нэгъуэщIхэри. А псоми зыхуей хуэзэу дыпэлъэщын папщIэ, Iэмал имыIэу дызэп­лъэ­кIыжын, гъэзэщIакIуэ властым и IэнатIэхэр я къалэнхэм зэры­пэлъэщар къэтпщытэжын, дызы­хуэкIуэ илъэсхэм, 2030 гъэм нэ­сыху, ди Iэр къызыпекIуэкIыну­хэм дегупсысын хуейщ, - жиIащ Мусуков Алий. 
Абы и къэпсэлъэныгъэм къызэ­рыхигъэщамкIэ, ди щIыналъэм къыщалэжьар (ВРП), иужьрей илъэситхум къриубыдэу, мелард 300-м нэскIэ хэхъуащ (процент 85-кIэ). Иужьрей гъэхэм теп­щIыхь­мэ, зэман гъунэгъум ВРП-р хуэдитIкIэ нэхъыбэ тхуэщIынущ. Ди гур фIы къытхуэзыщI Iуэхущ 2023 гъэм про­мышленностым къыщIигъэкIри проценти ­103,8-рэ зэрыхъуар, ар урысейпсо бжыгъэм (103,5%) ­нэхърэ нэхъыбэщ). Иужьрей илъэ­ситхум ар хэхъуащ проценти 131-м нэсу. 
Мэкъумэш IэнатIэм къыщIигъэкIа ерыскъыпхъэхэр сом мелард 89,5-рэ и уасэ мэхъу, 2022 гъэм елъытамэ, проценти 110,1-рэ. 
Ухуэныгъэм ехьэлIауи зэфIэкI хъарзынэхэр къагъэлъэгъуащ. 2023 гъэм мелард 37,9-рэ и уасэ лэжьыгъэ зэфIахащ, 2022 гъэм елъытамэ, ар проценти 105,9-рэ мэхъу. Илъэситхум къриубыдэу ар хэхъуащ процент 58,7-кIэ. КъызэднэкIа илъэсым ящIащ метр зэбгъузэнатIэу мин 559,3-рэ хъу ухуэныгъэхэр, иужьрей илъэситхум къриубыдэу яухуа унэхэр метр зэбгъузэнатIэу мелуани 2,57-рэ мэхъу. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и мылъкур ­къагъэсэбэпащ мелуани 105,2-рэ яхуримыкъуауэ, ауэ коммерцэ щIыхуэ къащтэн хуей хъуакъым. Иджыпсту ди республикэм и къэрал щIыхуэр (2024 гъэм щIы­шы­лэм и 1-м ирихьэлIэу) меладри 7-рэ мелуан 739,8-рэ ­мэ­хъу. 
Апхуэдэуи пыухыкIауэ Мусуковыр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъ­къэ­рым и экономикэм и зыужьыныгъэм мылъку нэхъыбэ халъхьэ зэ­рыхъуам (иужьрей илъэситхум сом мелард 267-рэ), зыплъыхьакIуэ ­къакIуэхэм къазэ­рыхэхъуэм (2,8%), сатум зэрызиу­жьым, пщIэ зыщIат Iуэхутхьэбзэхэр къызэрагъэ­сэ­бэпым (2023 гъэм къриубыдэу мелард 54,8-рэ и уасэ), лэжьыгъэкIэ цIыхухэр къызэгъэпэща зэрыхъум, хьэрычэт мащIэмрэ ику итымрэ зэрызаужьым, щIы, хадэ зехьэным, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт Iуэху­щIапIэхэм, лъэпкъ Iуэхухэр псори тэмэму, и чэзум зэрагъэзащIэм, ику иту цIыхур зэрыпсэу илъэс бжыгъэм, ар хэхъуэн папщIэ узын­шагъэр ­хъумэным гулъытэ хэха зэры­хуэщIыпхъэм, нэгъуэщIхэми. 
Мусуков Алий и къэпсэлъэныгъэр и кIэм щынэсым, фIыщIэ яхуищIащ Парламентым и УнафэщIми де­путатхэми, сыт хуэдэ Iуэху Правительствэм кърихьэжьэми къызэ­ры­даIыгъым папщIэ. АдэкIэ фракцэхэм я Iэтащхьэхэм Мусуковым жиIам теухуауэ я Iуэху еплъыкIэхэр къагъэлъагъуэри, зыщIэуп­щIэну хуейхэмкIи зыхуагъэзащ, абы­­хэм жэуап пыухыкIахэри ­къаритащ.
КъБР-м и Парламентым и зэхуэсыгъуэщIэм и депутатхэм я хэхыныгъэр щекIуэкIыну пIалъэр убзыхуным ехьэлIауэ къэп­сэлъащ Парламентым Унафэ­хэр къэщтэнымрэ щIыпIэ самоуправленэхэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мэлбахъуэ Борис. Ар, псори зэдэарэзыуэ, 2024 гъэм фокIадэм и 8-м трагъэхуащ. 
Нэхъ тыншу зэфIэкI патент налог тыкIэр хьэрычэтыщIэхэм­ ­къа­гъэсэбэп зэрыхъунум, хаты­кIыну мылъкур зыхуэдизынум теу­хуауэ къэпсэлъащ КъБР-м эко­номикэ зыужьыныгъэмкIэ и ми­нистрым и япэ къуэдзэ, ­проект лэжьыгъэмкIэ департа­мен­тым и унафэщI ТIымыжь ­Хъ­у­­сен. Къэбгъэлъагъуэмэ, япэу­­ зи Iуэху зэхэзыубла хьэрычэ­тыщIэм, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа налог тыкIэхэр къэзыгъэсэ­бэпым, 2024 гъэм налог итынукъым. 2021 - 2022 гъэхэм апхуэ­дэ Iэмалхэмрэ «налог каникулхэр» жыхуиIэмрэ зыдагъэIэпыкъуащ цIыху 21-м. КъБР-м и «ЩIыпIэ самоуправленэхэм ягъэ­защIэ лъэпкъ, экономикэ зэпыщIэныгъэхэр зэрызэкIэ­лъахьынум теухуауэ» законым и проектыр уты­ку къизыхьари ТIымыжь ­Хъусенщ. Япэр къы­хэзылъхьар КъБР-м и Iэтащхьэращ, етIуа­нэр – КъБР-м и Правительствэращ. 
2023 гъэм республикэм и ­бюджет ахъшэр къэгъэсэбэпа зэ­рыхъуам ехьэлIа, еджэгъуитI­кIэ къащта законопроектым, депутатхэр щыгъуазэ ищIащ ­КъБР-м финансхэмкIэ и ми­нистр Лисун Еленэ. Апхуэдэуи минист­рым зэIу­щIэм хэтхэр щигъэгъуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и республикэ мылъкум щыщу 2024 гъэм и япэ мазищым къа­гъэ­сэбэпам теухуауэ Прави­тельс­т­вэм игъэбелджы­лыжа бжыгъэ­хэр зыхуэдэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм фIэкIыпIэншэ медицинэ ст­рахованэмкIэ щIыналъэ фондым и мылъкур 2023 гъэм къы­зэрагъэсэбэпар» законым и проектым (етIуанэ еджэ­гъуэм къащтащ) къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ фондым и унафэщI Бгъэжьнокъуэ Зурият. 
«Урысей Федерацэм и Бюд­жет кодексымымрэ УФ-м и хабзэубзыху акт щхьэхуэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ», «Урысей Федерацэм и Налог кодексым и япэ, етIуанэ Iыхьэхэм, УФ-м и хабзэубзыху акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэ­хэр хэлъхьэным теухуауэ», «Лэ­жьыгъэ IэнатIэ Iут адэ-анэу бынитI е нэхъыбэ зиIэхэм илъэс къэс­ ахъшэ етыным теухуауэ» фе­­деральнэ унафэхэм я ­про­ект­хэм тепсэлъыхьащ Бюд­жетымкIэ, налогхэмрэ мылъкумкIэ Пар­ламентым и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил.   
ЗэIущIэм зи гугъу щащIа законопроектхэр IэIэткIэ къащтащ. Парламентым и гъатхэ сессиер бадзэуэгъуэм и 12-м зэхуа­щIыжыну зэгурыIуащ. 

ИСТЭПАН Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.04.2025 - 09:19

ЛIы щыпкъэм и къекIуэкIыкIэр

Аруан щIыналъэм хыхьэ Псынабэ къуажэм дэт курыт еджапIэм иджыблагъэ къыщызэIуахащ къуажэдэс ­нэхъыжьыфI Къэгъэзэж Щамхьир и гъащIэмрэ и лэ­жьыгъэмрэ теухуа плIанэпэ.

28.04.2025 - 09:18

Лышхыр зэрагъэхъуж IэмалыщIэхэр

Лышх узыфэхэмкIэ Дон Iус Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэ­ны­гъэлIхэм Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм и дохутырхэр щагъэгъуэзащ рентгенохирургием теухуауэ яIэ иужьрей къэхутэныгъэхэм.

28.04.2025 - 09:05

Блий Iэюб и анэм иджыри зы медаль къыхуешэ

Черногорием и къалащхьэ Подгорицэ къикIыу хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ мы махуэхэм.

27.04.2025 - 13:25

ЩIалэгъуалэм я хабзэубзыху жэрдэмхэр

Урысей парламентаризмэм и махуэм ирихьэлIэу, республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм къыщызэщIакъуэжащ «Си хабзэубзыху жэрдэм» уры­сейпсо щIалэгъуалэ зэхьэ­зэхуэм и етIощIанэ щIыналъэ Iыхьэр.

27.04.2025 - 09:05

Анэмрэ бынымрэ

Иужьрей зэманым интернетым къыщрахьэкI ныбэрылъымрэ анэмрэ я зыпыщIэныгъэм теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн.