|
ЛАГЪУЭ-НАКЪЭ
29 мая, 2024 - 05:05
«ЛагъуэнакъэкIэ» зэкIэ щIыпIэр бгыщхьэ тафэ хъупIэщ, къущхьэхъущ. Зыпэгъунэгъу хы ФIыцIэм елъытауэ ар здэщыIэм и лъагагъыр метр 2000-м щIегъу. Абдеж къыщожьэ Ищхъэрэ - КъухьэпIэ Кавказым и псыщхьэ куэд.
ЩIыпIэ дахэкIейм зэреджэ хъуам теухуауэ адыгэхэм хъыбар зыбжанэ къадокIуэкI. Абыхэм ящыщ зыщ «фIыуэ плъагъум мафIэми удыпыхьэнщ!» - жыхуиIэ кIахэ адыгэ псэлъафэм пэджэж, фIылъагъуныгъэ къабзэ зи зэхуаку дэлъа, гурэ псэкIэ зэбгъэдэта ныбжьыщIитIым, Лагъуэрэ Накъэрэ, ятеухуа IуэрыIуатэ кIэщIри.
Лагъуэ щIалэ цIыкIуу и анэм щIыгъуу гъэрыпIэ къихутащ. Бзылъхугъэм хамэ щIыпIэм зэшыр куэдрэ къыщытеуэрт. АпщIондэхукIи пэIэщIэ зыхуащIа хэкум теухуа хъыбархэм къуэр щIигъэдэIурт. Абыхэм куэдрэ къахэщырт зи дахагъэм зыри пэмыхъун адэжь щIыналъэмрэ уэс мыткIужыр зытелъ Фыщт бгыжьымрэ.
Гъэхэр блэкIащ. Лагъуэ ин хъуащ, и Iэпкълъэпкъыр зэрубыдащ, лIыпIэ иуващ. Ауэрэ здекIуэкIым, хэхэсу зыхэс бысымхэр зэгуэр игъэхутыкъуэри, щIалэр къыщIэпхъуэжащ. Здигъэзэнур щимыщIэм, и анэм зи гугъу къыхуищIу щыта Фыщт бгыжьыр къигъуэтри, абы и Iэхэлъахэр егъэзыпIэ ищIащ. Апхуэдэ щIыкIэм иту псэу ныбжьыщIэр къагъуэта иужь, бгыщхьэ хъупIэм ит Iэщыхъуэхэм ар гъусэ зыхуащIащ.
ИхъуреягъкIэ къэлъагъуэ Iуащхьэхэм, зыпэгъунэгъу къуэладжэхэм къыщызыжыхь псэущхьэхэм, адэкIэ–мыдэкIэ къыщыщIэж псынэпс жьгъырухэм я макъым итхьэкъуа ныбжьыщIэм усэ зэхилъхьэн щIидзащ. Абыхэм макъамэ щыщIигъэувэжым, дзапэ уэрэд фIэхъуащ.
Лагъуэ и пшыналъэр Накъэ зэхихащ. Хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, а пщащэр дахащэт. Езыри пщы лъэпкъ къыхэкIат. Накъэ и адэр бейт. Псоми я щIыIужкIэ хъупIэхэри абыхэм щыхъуакIуэ, зи бжыгъэр къыпхуэмылъытэн Iэщ бжыгъэшхуэхэри ейт.
Лагъуэрэ Накъэрэ фIыуэ щызэрылъагъум, зэщхьэгъусэ зэхуэхъуну зэгурыIуащ. АрщхьэкIэ абыхэм я хъуэпсапIэр къезымыгъэхъулIэн цIыху къыкъуэкIащ - ар пщащэм и адэрат...
НэгъуэщI хэкIыпIэ щамылъагъужым, щIалэмрэ хъыджэбзымрэ зэдэкIуэсащ. Ауэ абы фIы къикIакъым… И пхъум и жыIэмыдэIуагъым къигъэгубжьа пщым пхъэру и блыгущIэтхэр иутIыпщащ. Я лъэужь зыхухэр къащыкIэлъыс дыдэм ирихьэлIэу, Лагъуэрэ Накъэрэ бгым и нэзым къыщыхутащ. Сыт иджы ящIэжынур? Я щIыбагъым пхъэрыр дэтщ, ипэкIэ щыхупIэщ.
Куэдрэ гупсысакъым фIыуэ зэрылъэгъуаитIыр: щыхупIэм зэгъусэу зэдепкIащ...
Абы лъандэрэ гурыщIэ къабзэмрэ щыпкъагъэ нэсымрэ я фэеплъу мы щIыпIэ дахащэм «ЛагъуэнакъэкIэ» йоджэ. Аращ а хъыбарым къиIуатэр.
БЭРАУ Бышэ.
|
|
14.05.2025 - 09:28 Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъур Налшык, республикэм и адрей къалэхэмрэ къуажэхэмрэ гукъинэжу щагъэлъэпIащ. |
|
|
14.05.2025 - 09:25 Кавказым и къухьэпIэ лъэныкъуэм ижькIэрэ щыпхашауэ щыта адыгэ лъагъуэжьхэм ирикIуэн фIыуэ зылъагъухэм ди гъуэгуанэм пыдощэ.
|
|
|
14.05.2025 - 09:21 Илъэс къэс накъыгъэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм техуэ махуэщIыр, Анэм и махуэу лъэпкъ куэдым зэдагъэлъапIэр, дызэрыт 2025 гъэм зытехуэр накъыгъэм и 11-рщ. |
|
|
13.05.2025 - 08:58 Кавказ Ищхъэрэм къухьэпIэмкIэ щыIэ и щIылъэныкъуэм, хы ФIыцIэм къедза и Iуфэри дэщIыгъуу, ноби щызэхэтх щIыпIэцIэхэм ящыщ гуэрхэм я IукIэ-тхыкIэр ди гъунэгъу абхъазхэм я бзэм хэт псалъэпкъхэм зэрых |
|
|
13.05.2025 - 08:58 Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым и щытыкIэм теухуа щIэныгъэ куу цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр къалъытэу, Бразилием и Рио-де-Жанейрэ къалэм ООН-м 1992 гъэм щызэхиша и зэхыхьэм накъы |
|