IУЭХУКIЭ ГЪЭНЩIА ПIАЛЪЭ

Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондым игъэлъэпIащ къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэсищ зэрырикъур. 

Накъыгъэм и 17-м илъэсищ ирикъуащ УФ-м и Президент Путин Владимир щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фонд къызэрагъэпэщыну унафэ зэрищIрэ. 
Илъэсищым къриубыдэу фондым щэнхабзэм, гъуазджэм, абыхэм ехьэлIа жэрдэмыщIэхэм теухуауэ лэжьыгъэшхуэ зэфIихащ. Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ гъэсэныгъэ, щэнхабзэ зыу­жьы­ныгъэ еты­нымкIэ «Культура. ру» щIыналъэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр (уна­фэ­щIыр Кабуловэ Зитэщ) мы гъэм щытекIуащ «Великое русское слово. Литературные, театральные и иные проекты, основывающиеся на русской литературе и драматургии» зэпеуэм икIи щэнхабзэ ­жэрдэмхэмкIэ Президент фондым и грантыр къихьащ. Сом мин 447-рэ хъу грантымкIэ Кабуловэм игъэзэщIэнущ «Подростки и театр: «Играем рассказы Антоши Чехонте» Iуэхур. 
- Сызыпэрыт лэжьыгъэр зыхуэгъэзар республикэм ис ныбжьы­щIэ­хэр театр гъуазджэмрэ классикэ литературэмрэ дегъэ­хьэ­хынырщ. Театрым зэи щымыIа дэтхэнэми гурыIуэгъуэ щыхъун режиссёр лэжьыгъэ щIэщыгъуэ утыку щыдгъэлъэгъуэнырщ ди къалэныр, - жеIэ Кабуловэм. - Зи ныбжьыр илъэси 6-м щыщIэдзауэ илъэс 11 хъухэрщ нэхъыбэу ди хьэщIэр. Ауэ илъэсищ ныбжьым итхэм яхуэгъэзахэри унагъуэр зэгъусэу зэплъ хъуну лэжьыгъэхэри ди репертуарым хэтщ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Кабуловэ Зитэ режиссёру щылажьэ НыбжьыщIэ театрым щищIа лэжьыгъэщIэм папщIэ 2022 гъэм къыхуагъэфэщащ щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондым и грантыр. ДэIэпыкъуныгъэр сом 336-рэ хъурт.
Кабуловэ Зитэ Iуэху къыхилъхьам и мыхьэнэр къалъытэу кърата грантым и фIыгъэкIэ, КъБР-м и щIыналъэхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэхэм щагъэлъэгъуащ нарт IуэрыIуатэр зи лъабжьэ «Сказки наших гор» спектаклыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр я дэIэпы­къуэгъуу. НыбжьыщIэхэм ягу ирихьащ артистхэм я Iэзагъэмрэ фэилъхьэгъуэхэмрэ, яфIэгъэщIэгъуэну еплъащ лIыхъужьхэм я джэгукIэм. ЩIэблэр нарт IуэрыIуатэм, лъэпкъ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ, литературэмрэ театрымрэ зэрыдрагъэхьэхращ мы Iуэхум нэхъыщхьэу хэлъыр.
- Спектаклхэм сабийхэр куэду зэхуашэс. ГъащIэм щынэхъыщ­хьэ­хэрщ цIыкIухэм ягурыдгъэIуэну дызыхуейр: ныбжьэгъугъэм и мыхьэнэр, Iыхьлым, гъунэгъум пщIэ хуэщIын зэрыхуейр, нэгъуэщI­хэри, - жеIэ Зитэ. - Таурыхъым хэт лIыхъужьхэм я хьэл-щэнхэмкIэ, жа­IэхэмкIэ, макъамэмкIэ сабийхэм дунейм зыщагъэгъуазэ. Ди къа­лэныр зыхэтлъагъуэр цIыхухэм гукъыдэж еттынырщ, театрыр зэрытелъыджэр я фIэщ тщIынырщ. «Культура. ру» IуэхущIапIэм нэгъабэ «Сказки наших гор» спектаклыр Налшык къалэм и школхэми щигъэлъэгъуащ. Мы гъэм республикэм и районитхум ар яшащ. НыбжьыщIэ театрымрэ Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ театрымрэ я артист щIалэхэрщ Iуэхум хэтыр. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.02.2025 - 12:25

100-м нэблагъэ

Сумо

18.02.2025 - 10:01

Хэт зыIэрыхьэнур дыщэр?

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иухыным къэнэжар зы джэгугъуэ за­къуэщ. АрщхьэкIэ иджыри наIуэкъым абы и дыщэ медалхэр зыIэрыхьэнур.

18.02.2025 - 09:03

Бзылъхугъэ гуащIафIэм и щIыхькIэ

УсакIуэм и псэр

Зэи хъуркъым жьы –
Ар къалъху усакIуэу…
ГъащIэми хокIыж
Сабий гу пцIанэу, -
Къанэу и лъэужь. 
Зэгъэщтокъуэ Людэ

18.02.2025 - 09:03

Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…

Налшык къалэ дэт, Тхьэзэплъыж ТIулэ и цIэр зезыхьэ, Дзэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ поликлиникэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.

18.02.2025 - 09:03

Зэи ящымыгъупщэн лIыгъэ

Урысейм и цIыхуу хамэ щIыпIэ щызэуахэм я фэеплъ махуэр ди къэралым и тхыдэм хэтщ, икIи щхьэусыгъуэ иIэщ Интернационалист зауэлIхэм мазаем и 15-р фэеплъ махуэ щIыхуа­щIам.