Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэрэдж щIыналъэм щыIэ, жыг хадэ гъэкIынымкIэ цIэрыIуэ хъуа «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэм иджыблагъэ къыхуагъэфэщащ щIыгъэпшэр IэрыщIхэр, химие пкъыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу нэгъуэщI гуэрхэр къамыгъэсэбэпу пхъэщхьэмыщхьэхэр зезыхьэхэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм и дипломыр.
ОрганикэмкIэ ещанэ лъэпкъ зэхьэзэхуэр я нэIэ щIэтащ УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым, къэралым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм, «Роскачество»-м, «Органика» фондри къадэIэпыкъуу.
Мы гъэм екIуэкIа зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 19-м я мэкъумэш IуэхущIапIэу 23-рэ икIи абыхэм псоми яIащ къыщIагъэкI продукцэр экологие и лъэныкъуэкIэ зэрыкъабзэм щыхьэт техъуэ сертификатхэр. Зэхьэзэхуэм щытекIуар интернет-IэIэткIэ къыхахащ. Абы хэтащ цIыхуи 160-м щIигъу, а бжыгъэр хуэдипщIкIэ нэхъыбэщ япэ дыдэу ирагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм хэтахэм елъытауэ.
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм жыг хадэ щызезыхьэ, мыIэрысей гъэкIыным щелэжьхэм ящыщу щIыгъэпшэр, химие пкъыгъуэ гуащIэхэр къамыгъэсэбэпу къагъэкIа пхъэщхьэмыщхьэу зэрыщытым щыхьэт техъуэ сертификатыр япэу зратауэ щытар «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэрщ. Абы иужькIэ, «Роскачество»-м абы хуитыныгъэ къритащ къыщIигъэкI и продукцэм, дамыгъэ хэхар - «Органик» псалъэр - тридзэ хъуну, ар зэрыкъабзэр къригъэлъагъуэу.
МыдэкIэ, фигу къэдгъэкIыжынщи, апхуэдэ сертификатхэр ипэIуэкIэ республикэм и IуэхущIапIитIым - фадэхэкIым елэжьхэу «Премиум» ООО-мрэ «Эльбрус Спиритс»-мрэ - къратауэ щытащ икIи ахэр УФ-м Мэкъумэш хэзяйствэмкIэ и министерствэм и реестрым щатхащ.
2024 гъэм фокIадэм и 1-м щегъэжьауэ «эко», «био», «зеленый» дамыгъэхэр я продукцэхэм тезыдзэну зи мурад IуэхущIапIэхэм абыхэм щыхьэт техъуэ «органика» сертификатхэр яIэн хуейщ, армырамэ, къуэдыи тезыри тралъхьэнущ.
НАУРЫЗЫКЪУЭ Ислъам.