1860 ГЪЭ – УБЫХХЭМ ЩХЬЭХУИТЫНЫГЪЭР КЪЫХАХ

Тхыдэм, псом хуэмыдэжу адыгэхэм ди къекIуэкIыкIам, хуэнэхъуеиншэу зыщызыгъэгъуазэ сэ къызгурыIуэртэкъым адыгэхэм ди лъабжьэгъу, бзэкIи щIыналъэ и лъэныкъуэкIи ди гъунэгъу лъэпкъыр – убыххэр - Кавказ зауэр щекIуэкIа иужьрей илъэсхэм шынагъуэрыхьу я хэгъэгум къафIихьэ пащтыхьыдзэм я къару къызэрихькIэ щIапэщIэмыувар. 
А упщIэм и жэуапым, я нэхъ мащIэрауэ, дезышалIэщ этнограф, тхыдэдж цIэрыIуэ Лавров Леонид и тхыгъэшхуэу илъэс бжыгъэ ипэкIэ Интернетым и напэкIуэцIхэм дызыщыхуэзауэ щытар. Абы къыхэтхыжахэм ящыщщ мыбдежым къыщытхьынури. 
1859 гъэм и кIэхэм ирихьэлIэу Кавказ псом щхьэхуиту къыщызэтенэжар адыгэ-абазэ лъэпкъхэм ящыщу шапсыгъхэр, натхъуэджхэр, убыххэмрэ къущхьэщIыб абазэ лIакъуэхэм хабжэ асадзуа (садз) жыхуаIэмрэ я закъуэт. Абазэххэри ящыщт щхьэхуиту иджыри псэухэм, илъэс 11-кIэ яхэта Мухьэмэд-Амин нэIибыр щахэкIыжым (къэзыгъэкIуа Щэмел зита иужь) урыс пащтыхьым зэрыхуэпэжымкIэ псалъэ иратын хуей хъуами. КъедбжэкIа лъэпкъхэм псори зэхэту щIыналъэу яIыгъыжыр мащIэ дыдэт, нэхъапэхэм Кавказ Ищхъэрэм къызэрыщекIуэкIам елъытауэ. Щхьэхуиту къэна бгырысхэр щытыкIэ гугъу дыдэт зрагъэувар. 
Кавказ армэм Iыхьэ-Iыхьэурэ къизэу щIыгум зыщагъэбыдэн папщIэ, дзэпщхэм яхузэфIэкI къагъэнэртэкъым: здынэсым, бгырыс къуажэхэр щызэтрагъасхьэрти, станицэхэмрэ быдапIэхэмрэ щаухуэрт, гъуэгущIэхэр щыпхашырт, 
А псоми щыгъуазэ убыххэм Тыркум къулыкъушхуэ щызыIыгъ я «цIыхугъэм» хуатхырт, а къэралым и правительствэр Европэм и пащхьэ къащыщхьэщыжу, Кавказым хы ФIыцIэм егъэщIылIа и щIыгур щхьэхуиту зэрыщытымкIэ унафэ къыщрагъэщтэфын я гугъэу. 
ГущIыхьэщ, ауэ мыри жыIэн хуейщ. А илъэсым убыххэр, я нэхъ мащIэрауэ, лъэныкъуитI зэрищIыкIат. 
Зы лъэныкъуэкIэ, лIакъуэлIэшхэм Iэ щIадзын хуей хъурт лъэпкъым къыбгъэдэкIыу Тыркум хуагъэхь лъэIу тхыгъэхэм. Абы къыдэкIуэуи, Урысей къэралыгъуэм Кавказым щиIыгъ и унафэщIхэми зыIуагъащIэрт, «зэрахуэпэжым» щыхьэт зэрытехъуэр ирагъэлъагъуу. 
Пащтыхь дзэпщхэм, Кавказым къуэкIыпIэмкIэ щыIэ и лъэныкъуэр (Дагъыстэнымрэ Шэшэнымрэ) къагъэIурыщIа иужь, КъухьэпIэри и кIэм нэс къызэразэуным нэхъри нэхъ ерыщыжу яужь ихьащ. 
А мурадыр нэхъ псынщIэу зрагъэхъулIэн папщIэ, 1860 гъэм урыс дзэпщхэм Дагъыстэнымрэ ШэшэнымкIэ кърашыжри, Псыжь адрыщIкIэ щызэхуашэсат лъэсыдзэ батальону 70, къэзакъ полкыу 20-м нызэрыхьэс, драгун дивизион псо, топ зэмылIэужьыгъуэу 100-м щIигъу. Зэрынэрылъагъущи, ар къару иныщэт!
АрщхьэкIэ, помещик ухуэкIэ зиIэ Урысейр а Iуэхум зэрыбгъэдыхьэр пIейтеиныгъэ ин хэлъут. Абы щыхьэт уритехъуэн папщIэ, ирикъунщ пащтыхьым иригъэкIуэкI зауэм и телъхьэ тхыдэтх Скорятиным езым и IупэфIэгъухэм ящыщ зым хуитхыгъауэ щыта тхылъымпIэ кIапэ тIэкIум фIэкIа дыкъемыджэми. Тхьэгурымагъуэ щIагъуэ зыкъыщыхъужауэ, абы итхырт КъухьэпIэ Кавказым и хы ФIыцIэ Iуфэм Iут бгылъэ-мэзылъэхэм щхьэхуитыныгъэр зи «тхьэу» къыщызэтена бгырысхэм, псом хуэмыдэжу, убыххэм, зыкъамытын папщIэ, къызэрыгуэкI цIыхухэм яхузэфIэмыкIын ерыщагъ ин дыдэ къызыкъуахынкIэ хъуну, уеблэмэ абыхэм я деж Щэмел (Шамиль) етIуанэ къыщыунэхунри зыхуэIуа щымыIэу. 
А тхыгъэм хуэдгъэдэну, Урысей пащтыхь администрацэм и Iэщхьэтету Кавказым а лъэхъэнэм щыIа джыназ Барятинский Александр, бгырыс щхьэхуитхэр и кIэм нэсу къэгъэIурыщIэным иужь ихьэн ипэ, къэралым дзэ IуэхухэмкIэ и министр, генерал-адъютант Сухазонет Николай мыпхуэдэу зыхуигъэзат: 
«Ди жыIэ къыщIэмыувауэ иджыри къэнащ зауэшы лъэпкъхэм ящыщу зи бжыгъэкIэ иджыри куэд шапсыгъхэмрэ убыххэмрэ. Ахэр нэгъуэщIым и бжьы зэи щIэтакъым, къэрал ухуэкIуэ-зэхэтыкIэми пэIэщIэщ, зауэм къишэ тхьэмыщкIагъэхэри и кIэм нэс ягъэунэхуакъым. А лъэпкъхэрщ къэдгъэIурыщIэн хуейуэ дэ иджыри къытпэщылъыр, Кавказым и къэзэуныр къэдухын папщIэ. 
Шынэм и нэр къопкI! - псэлъафэракъэ мыбы уигу къигъэкIыжыр. Щхьэхуиту бгым ис бгырысхэм иджыри къаруушхуэ къабгъэдэна хуэдэу къащыхъурт, дзэлI зэщIэузэдауэ мин 200-м нэблагъи къагъэувыфыну. АрщхьэкIэ, апхуэдиз къару абыхэм, дауи, ябгъэдэлъыжтэкъым. 
Урыс дзэпщхэм, зауэм и иужьрей илъэсхэм зыщащIыжа «пщэрылъым» ипкъ иткIэ, къыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу ячын хуейр бгырысхэм ищхъэрэкIэ (ПсыжькIэ) къащебгъэрыкIуэнырт, абы папщIэкIи, зыIэщIалъхьэ щIыгум и зы дэтхэнэ кIапэми зыщагъэбыдэнырт. 
Хы лъэныкъуэмкIэ теуэ Iуэхухэр мызэкIэ зэрыщрамыгъэкIуэкIыфынум теухуауэ Барятинскэм Урысейм дзэ IуэхухэмкIэ и министрым хуитхари гъэщIэгъуэнщ: 
«Зыкъэдумысыжынщи, мы лъэхъэнэм кхъухьхэр зэрыдимащIэм къыхэкIыу, бгырысхэм псыIумкIэ дакъыщебгъэрыкIуэным мызэкIэ яужь димыхьэмэ нэхъыфIщ. А лъэныкъуэм дылъэIэсын ипэ, дызыпылъын хуейуэ къэслъытэр Псыжь адрыщIкIэ лъабжьэ быдэ щытщIа иужь, бгыхэми дащхьэдэхыу, хы IуфэмкIи зыщыдгъэзэнырщ. 
Бгырысхэм гузэвэгъуэр тIуащIэу къазэрыкIэщIэзэрыхьар псэкIэ зыхэзыщIа убыххэмрэ асадзхэмрэ (садзхэмрэ) я тхьэмадэхэм, цIыхубэм зыкърамыгъащIэу, пащтыхьыдзэм Абхъазым щаIэ Гагры быдапIэм деж 1860 гъэм и щIышылэм Куржым (Грузием) и Кутаиси къалэм и генерал-губернатор Эристовым аргуэру щахуозэ.
Бгырыс лIакъуэлIэшхэм ящыщу а зэIущIэм екIуэлIа цIыху 300-м (!) нэблагъэм яхэтащ Урыс-Кавказ зауэм и иужьрей илъэсхэм зи цIэр куэдрэ зэхаха Бэрзэдж Дэгумыкъуэ и къуэ Джырандыкъуэ-хьэжырэ садзхэм (хыIуфэрыс абазэхэм) я тхьэмадэ Гъэчбэ (Геч, КIэш) Рашидрэ.
Барятинскэм и псалъэкIэ къыжытIэнщи, «зыкъатынымкIэ яхуэдгъэлъагъуам тхьэмадэхэр гупсэхуу едаIуэри, мазэ нэхъ дымыгъэкIыу жэуап къыдатыжынуи дыкъагъэгугъащ». 
Зи тхыгъэм дриплъэж тхыдэджым (Лавров Леонид) къызэрыхигъэщауэ, мыбдежым Барятинскэм зыпэплъэн хуейуэ зи гугъу щищIар езы лIакъуэлIэшхэм я жэуапыратэкъым (ахэр, арыншауи, арэзы хуэдэт), атIэ, а Iуэхум лъхукъуэлIыбэр къешэлIа зэрыхъунырт.
Убых псори зэдэIуэжу къэзылъытэу Кавказ армэм и штаб нэхъыщхьэм щIэсхэм, ахэр къыдахьэхыу я щIыналъэр Урысейм щIэх зэрыIэщIалъхьэнымкIэ лэжьыпхъэхэр зэрызэкIэлъыкIуэу къыщратхэкIа дэфтэрыр ягъэхьэзыракIэт.
Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, убыххэм, къурIэн лъапIэм теIэбэурэ, тхьэ яIуэн хуейт пащтыхь правительствэм и IэмыщIэ зэрызыралъхьэмкIэ; къинэмыщIауэ, урыс дзэлIхэм ящыщу я деж зыщызыгъэпщкIухэмрэ гъэру щаIыгъхэмрэ къратыжынут; зи щхьэхуитыныгъэм адэкIи щIэзэу бгырысхэм афIэкIа ядэIэпыкъунутэкъым; пащтыхь правительствэм къахуигъэув унафэщIхэм я жыIэ щIэувэнут; я щIыналъэм быдапIэхэр щызыухуэхэм, мэзхэр щизупщIыкIыу гъуэгухэр щыпхызышхэм зэран яхуэхъу хъунутэкъым. 
Хьэлэбэлыкъ къыхамыгъэкIыу, къыхуагъэувар «езым я фIэфIыныгъэкIэ» къызэращтэм пагъэуву, правительствэм убыххэр къигъэгугъэрт: ислъам диныр хуиту зэрырагъэхьэнымкIэ; шэрихьэтыр я тегъэщIапIэу хеящIэ Iуэхухэр (къэралым епцIыж-пэувхэр хэмыту) зэрызэфIахыфынумкIэ; псом нэхъыщхьэжращи (дэ гу зэрылъыттауэ), щхьэж зытес щIыр зэрейм щыхьэт техъуэ тхылъхэр иратынут; хы Iуфэм и языныкъуэ щIыпIэхэм сату щрагъэкIуэкIыфынут…
АрщхьэкIэ, Асадзуа, Убых хэгъэгухэм ис лъхукъуэлIыбэ-цIыхубэм, я тхьэмадэхэр Эристовым зэрыIущIам и хъыбарыр зэрызэхахыу, зыкъаIэтри, я тепщэхэр ягъэкъуаншэу щIадзащ. Абыхэм Хьэжы-Джырандыкъуэрэ адрей абы и къуэдзэхэмрэ, къехьэкI-нехьэкI хэмыту, епцIыжакIуэу ягъэуващ, лъэпкъ псом я цIэкIэ, хуит зэрамыщIауэ, урысхэм зэрепсэлъам щхьэкIэ.
Нэхъри цIыхубэр къыщызэщIэплъар Истамбыл щыIэ убых дипломатым, Дзэпщ Бэрэкъей и къуэ Измэил-бей, къыбгъэдэкIыу тхыгъэ къаIэрыхьа иужькIэщ. Абы къитхырт Инджылызымрэ Тыркумрэ Урысейм щIэрыщIэу зауэ иращIылIэну зэрызагъэхьэзырыр, абы къыхэкIыуи убыххэр къыхураджэрт пащтыхьыдзэхэм япимыкIуэтыну. 
Хьэжы-Джырандыкъуэ, зэ еплъыгъуэкIэ, хуэзэфIэкIа хуэдэт цIыхубэм я пащхьэ зыщигъэзэхуэжу щиIа пщIэр щызэфIигъэувэжыну. КъыщехъулIари къыщIехъулIари, урысхэм епсалъэкIэрэ пащтыхьыдзэхэр, нэгъуэщI мыхъуми пIалъэ гуэркIэ, къатримыгъэуэну зэрыпылъар и лъэпкъэгъухэм яжриIа иужькIэщ. 
Езы убых цIыхубэми, урыс дзэпщхэм я жыIэ щIэувэн дэнэ къэна, нэхъри зыкъызэщIаIэтэри, зи щхьэхуитыныгъэр зыхъумэжу КъухьэпIэ Кавказым къыщызэтена я лъабжьэгъу-гъунэгъухэм нэхъ ерыщыжу ядэзэуэн щIадзэжащ…
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.02.2025 - 12:25

100-м нэблагъэ

Сумо

18.02.2025 - 10:01

Хэт зыIэрыхьэнур дыщэр?

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иухыным къэнэжар зы джэгугъуэ за­къуэщ. АрщхьэкIэ иджыри наIуэкъым абы и дыщэ медалхэр зыIэрыхьэнур.

18.02.2025 - 09:03

Бзылъхугъэ гуащIафIэм и щIыхькIэ

УсакIуэм и псэр

Зэи хъуркъым жьы –
Ар къалъху усакIуэу…
ГъащIэми хокIыж
Сабий гу пцIанэу, -
Къанэу и лъэужь. 
Зэгъэщтокъуэ Людэ

18.02.2025 - 09:03

Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…

Налшык къалэ дэт, Тхьэзэплъыж ТIулэ и цIэр зезыхьэ, Дзэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ поликлиникэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.

18.02.2025 - 09:03

Зэи ящымыгъупщэн лIыгъэ

Урысейм и цIыхуу хамэ щIыпIэ щызэуахэм я фэеплъ махуэр ди къэралым и тхыдэм хэтщ, икIи щхьэусыгъуэ иIэщ Интернационалист зауэлIхэм мазаем и 15-р фэеплъ махуэ щIыхуа­щIам.