САБИЙХЭМИ ЯХУЭГУАПЭТ

ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэр тележурналист Iэзэу зэрыщытам и мызакъуэу, усэхэри рассказхэри итхырт.  Абыхэм яхэтщ сабийхэм яхуэгъэзахэри. Мыбдежым къыщытхьыр апхуэдэхэм ящыщ зыщ. Къызэрытхыжар 2007 гъэм Абхъазым и къалащхьэ Сыхъум къыщыдэкIа «Шы лъэмакъ жылэ» зыфIища и тхылъырщ. 

Хьэндыркъуакъуэхэм я бзэ

Ди дадэ бдзэжьеящэшхуэт. Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ уэм дахэу, дадэ дэрэ бдзэжьей дещэу гуэл Iуфэм дыIуст. Аддэ жыжьэу, адрыщI псы IуфэмкIэ къиIукIыу, мылицэ хьэндрэфийм ещхьу, фий макъ дахэ къоIу.

Ар зэрызэхахыу, ди лъэныкъуэмкIэ хэс хьэндыркъуакъуэхэри, ар-р-р-р, къызэщIэхъаери фийуэ щIадзащ. Сэ сыкъащтэри, дадэ гъунэгъу зыхуэсщIащ. Дадэ абы гу лъитауэ: «Хьэндыркъуакъуэхэм уащышынэу сщIакъым, абы нэхъ къаугъэншэ щыIэкъым, умышынэ», - жиIэри, и Iуэху зэрихуэу, и къунтхым хьэмбылу фIелъхьэри щысщ.

Сэ сабийхэм упщIэ куэд щат ныбжыр арат сызэрытри, дадэ фIэфIыпсу къызопсалъэ, си упщIэу хъуами жэуап кърет.

- Дадэ, сыт ахэр щIэфийр?

- Фийркъым ахэр, зопсалъэ, уэрэд жаIэ.

- Сыт абы  я уэрэдым къикIыр?

- Я гъащIэ, я хьэндыркъуакъуэ псэукIэм…

- Дэнэ абыхэм мылицэ хьэндрэфий къыздрахар?

- Абыхэм мылицэ хьэндрэфий яцIыхуркъым. Ар езыхэм я бзэщ.

- АтIэ, дадэ, уэ апхуэдэу уфиифрэ?

- Софииф, софииф, ЛIыхъурей… Зэ умыпIащIэт, бдзэжьей къоуэ, къоуэ…

- Дадэ къунтхым къокъури, бдзэжьеишхуэр зиукIыжу къыхедз. Сэ, сыкъэгуфIауэ, соIэрпхъуэр, IэщIэкIыжын си гугъэу согузавэ. Псым хэлъ матэм бдзэжьейр иредзэри, хьэмбылу фIелъхьэри, къунтхыр псым хедзэж. Сэри си упщIэхэр хьэзырыххэщ:

- Дадэ, уэ хьэндыркъуакъуэхэм хуэдэу уфиифыну жыпIэти?.. Фийт.

Дадэ, мылицэхэм я хьэндрэфийм хуэдэу, и бзэгур егъэкIэрахъуэ, ауэ, пэж дыдэу, хьэндыркъуакъуэхэм я макъым нэхъ техуэу мэфий. Мо ерагъыу сабырыжа хьэндыркъуакъуэхэр, абы къежьэу щыса нэхъей, къыподжэж фийуэ. Зэуи мэувыIэж. Дадэ мэфий, мохэри къофииж.

Мэ, зэрызгъэщIэгъуэнур сымыщIэу, дадэ соплъри сыщысщ. «Псэущхьэу мы дунейм тетым езыхэм я бзэ яIэжщ, абыхэм я бзэ псори зыщIэ щыIэу жаIэ, сэ мащIэ дыдэщ сщIэр», - жеIэ дадэ. Абы хэту, дадэ ди гъуэмылалъэр къитIэта къудейуэ, хьэндыркъуакъуэхэм фиин щагъэтыжри, нэгъуэщI макъкIэ зэщIэвэу щIадзэ, «гъу-гъу-гъумрэ бы-бы-бымрэ» куэду хэту зыгуэрхэр жаIэ.         

- Сыт иджы абыхэм жаIэр, дадэ?

- ЕдаIуэ, ЛIыхъурей, едаIуэ, сэ иджыпсту мо Iэрыхэдзэ сщIа къунтххэм сеплъынщ, - жеIэри IуокI, сэри си фIэщу сыдаIуэу сыщысщ.

Абыхэм уедэIуапэмэ, цыпх щIыхьэху щыIэ цIыхубз гуп езэшарэ псэлъэн щхьэхыу, хуабэм къызэпкърихарэ хущхьэ-щатэу, зыри хуэмеижу, къехьэлъэкIыу, зыри адрейм емыдаIэу, зэхэс хуэдэт. Ауэ сытми зыгуэр жаIэн хуейти, хамыгъэхьащэу зэпсалъэ хуэдэт.

Дадэ къызэрысыжу, «сыт абыхэм жаIэр?» - жысIэри, аргуэру дадэ сыщыхьащ.

- Хьэндыркъуакъуэ фызхэр уэршэру зэхэсщ, плъагъуркъэ, ахэр апхуэдизу езэшащи псэлъэн мэщхьэх, мис аращ жаIэр, ЛIыхъурей, - дадэ и макъым зрегъэхъуэжри:

- Уи дыщым укIуэжат? – жи.

- СыкIуэжат сыкIуэжат… - къыподжэж абы хьэндыркъуакъуэ гуэр.

- Дарий джанэ къыпхуащIат?

- КъысхуащIат, къысхуащIат, щIат-щIат…

- Бгъуэт, бгъуэт, бгъуэт, гъуэт-гъуэт-гъуэт, бгъуэрэ кIэщIти гъуэпагуэт… - ИтIанэ: «КIыр-кIыр-кIыр, кIур-кIур-кIур», - жаIэу къыщызэрылъэлъым, дадэ соупщI:

- Сыт иджы абыхэм жаIэр?

- А нысащIэ щхьэщытхъур ауан ящI… ИIэ, нобэкIэ хъунщ ар, накIуэ, мо пшэ фIыцIэ къакIуэр плъагъурэ? – жи дадэ.     

Пэжу, сыдэплъеймэ, пшэ гуэрэныр къэсат. ДыпIащIэ-дытхъытхъыу къунтххэр зэщIыдокъуэжри дыкъожьэж.

Дадэ нащхьэ къысхуещI абыи, псымкIэ зегъазэри мэфий: «Фыр-р-р! Хьэндыркъуакъуэхэри асыхьэту къыподжэж.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.06.2025 - 09:03

Анэшхуэм и къэрабэ

Уэсыр зэрытекIыу щIым къыхэкI къэрабэгъуэжь цIыкIур бжьыхьэр къэсу дунейр щIыIэтыIэ хъуху къогъагъэ. Абы махуэм хуэзэу и фэр тIэу ехъуэж.

13.06.2025 - 09:03

АдэкIи зэрызиужьынум хущIэкъунущ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и пщIэр нэхъ лъагэу щиIэтащ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу 100-м я фIагъыр къэзыхута RAEX зи фIэщыгъэ къэралпсо пщалъэм.

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг