|
Я ЩIЭНЫГЪЭМ ХАГЪАХЪУЭ
4 марта, 2024 - 06:03
Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм мы махуэхэм ирегъэкIуэкI Ипщэ Федеральнэ округымрэ Урысейм и щIыналъэщIэхэмрэ медицинэмкIэ я лэжьакIуэхэм лышх узыфэхэмкIэ я щIэныгъэ щыхагъахъуэ зэIущIэхэр.
Мазаем и 26-м щIидза егъэджэныгъэхэр тхьэмахуитIкIэ екIуэкIыну яубзыхуащ. Лышх узыфэхэр къыщIидзагъащIэу къэхутэнымрэ абыхэм нэхъ хьэлъэ дыдэу хэт лIэужьыгъуэхэмрэ ятеухуауэ онкоцентрым и щIэныгъэлIхэр махуэ къэс лекцэ къахуеджэнущ медицинэм и лэжьакIуэхэм.
- Къуажэ поликлиникэм щылажьэ дохутырхэмрэ абыхэм я дэIэпыкъуэгъухэмрэ нэхъ тегъэщIащ мы зэIущIэхэр. Сыту жыпIэмэ, сымаджэщ дохутырым деж нэмыс щIыкIэ, сымаджэр япэу зыIэрыхьэр къуажэм дэт поликлиникэм и фельдшерхэмрэ акушерхэмрэщ. Абыхэм сымаджэм лъы ирагъэт, узыншагъэр зыхуэдэр, къеузыр къалъытэри, итIанэщ щIыналъэ сымаджэщхэм щаунэтIыр. Аращи, курыт медперсоналкIэ дызэджэ лэжьакIуэхэм я щIэныгъэмрэ гулъытэмрэ куэдкIэ елъытащ узыр и чэзум къэхутэныр. Псом хуэмыдэжу, лышх узыфэр къыщIидзагъащIэу къэпщIэным куэдкIэ елъытащ сымаджэр хъужынрэ-мыхъужынрэ, - жеIэ Лышх узыфэхэмкIэ щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и унафэщI, профессор Кит Олег.
Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iуэхугъуэр зэрыяпэрейр, нэхъапэIуэкIэ апхуэдэ егъэджэныгъэхэр онкоцентрым зэи зэрыримыгъэкIуэкIар. Ар «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ ирагъэкIуэкIыу аращ.
- Курыт медперсоналым мы зэIущIэхэм щагъуэта щIэныгъэр къагъэсэбэпурэ зрагъэсэнущ лышх узыфэр «предрак» лIэужьыгъуэу къыщыхъеягъащIэм къахутэфу. АдэкIэ фельдшерхэмрэ акушерхэмрэ я къалэнщ сымаджэм тхылъ къыхузэрагъэпэщу сымаджэщым яунэтIыну, - къыхигъэщащ Китым.
Гу лъытапхъэщи, дызытепсэлъыхь егъэджэныгъэр пщIэншэщ, онлайн жыпхъэм иту йокIуэкI.
Фырэ Анфисэ.
|
|
26.03.2025 - 09:03 Дунейм и зыхъуэжыкIэм, жьым и къепщэкIэм, псыхэм я зыгъэзэкIэм, зэрыщыту къатщтэмэ, жьыуэпсыр (климатыр) зыджхэмрэ абы кIэлъыплъхэмрэ яхуэгъэзауэ къагупсыса «Гидрометеорологие къулыкъум и махуэ» зы |
|
|
26.03.2025 - 09:03 БалигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ инспекторхэм Налшык къалэм и еджакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщащ зэIущIэ щхьэпэ. Абыхэм ныбжьыщIэхэм ирагъэлъэгъуащ хьэхэр ящIыгъуу зэрылажьэр.
|
|
|
26.03.2025 - 09:03 Урысей ФССП-м, «Орлёнок» Урысейпсо сабий центр цIэрыIуэм щIыгъуу зэхешэ «Хабзэм и хъумакIуэ ныбжьыщIэхэр» программэм хэтынухэм я зэпеуэ.
|
|
|
25.03.2025 - 15:59 Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм, концерт щитащ щапхъэу къалъыта, УФ-м и Лъэпкъ гвардием и зауэлIхэм я оркестрым (полковник Шахмухаметов Азат и унафэм щIэтым).
|
|
|
25.03.2025 - 09:03 Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм гъатхэпэм и 20 - 21-хэм «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI. |
|