Гуапагъэ зыхэлъ дохутырщ![]() Балъкъыз Валерэ Нарткъалэ щIыналъэ сымаджэщым и хирургщ, эндоскопистщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым медицинэмкIэ и факультетыр, Ставрополь къэрал медицинэ университетыр къиухащ. Илъэс куэд щIауэ цIыхухэр къыхуэарэзыуэ IэщIагъэм иролажьэ. Ди гумрэ ди псэмрэ къабгъэдэкIыу Балъкъыз Валерэ фIыщIэ хуэтщIыну дыхуейщ, и IэщIагъэм хилъхьэ жэуаплыныгъэшхуэм, и гуапагъэм папщIэ. Балъкъызыр дохутыр нэсщ, цIыху гумащIэщ, и бзэр гуапэщ, и Iэпэр щабэщ, гущIэгъулыщ. И IэщIагъэ гугъум фIы-уэ зэрыхищIыкIым апхуэдэ щэн дахэр хэтыжмэ, сымаджэр щIэх мэхъуж, къызэфIоувэж, псэ къыхохьэж. ЗэрыжаIэщи, цIыхум йоIэзэ хущхъуэкIи, псалъэкIи. Псоми дощIэ хирургым и IэщIагъэр псэзэпылъхьэпIэу зэрыщытыр. Сымаджэ къэс езым и хущхъуэгъуэ, бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къыхуэбгъуэтыныр - ари дохутырым и пщэ къыдохуэ. Балъкъыз Валерэ а IэщIагъэм къыхуигъэщIам хуэдэщ. Сымаджэ куэдым я щхьэ ирахьэлIащ, дэтхэнэми хущхъуэгъуэ къахуигъуэтащ. ЦIыхухэр къыхуэарэзыщ, хъуэхъухэр къыхужаIэ. Дохутырым и Iэзагъэр зыхэтщIащ дэри, икIи ар игъащIэкIи фIыщIэ тщIынущ. Тхьэм узыншэу и IэщIагъэм пэригъэт, хъеррэ гуфIэгъуэрэ иIэу! ПщIэрэ фIыщIэрэ къыпхуэзыщI
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|