ЭКОНОМИКЭР КЪЭЗЫIЭТ ЖЭРДЭМХЭР

«Адыгэ псалъэ» газетым къит хъыбархэм кIэлъыплъхэр фIыуэ щыгъуазэщ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ зэрекIуэкIым. ЩIыналъэ-щIыналъэкIэ ущызекIуэнкIэ дзыхьщIыгъуэджэу щыт, щIэрыщIэу телъхьэжын хуей гъуэгухэр зыхуей хуагъэзэж. Апхуэдэу Лэскэн икIи Май щIыналъэхэм Iуэху хъарзынэхэр мы махуэхэм щызэфIагъэкI.

Дызэрыщыгъуазэщи, хэгъэгум и жылагъуэ-экономикэ зыужьыныгъэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ гъуэгу зэгъэпэщахэм. Абы епхащ цIыхубэм я щыIэныгъэри, гъунэгъу щIыналъэхэм я зэлъэIэсыкIэри. Лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ, 2024 гъэм Аргудан къуажэмрэ Александровскэ (Бжейкъалэ) жылагъуэмрэ зэпызыщIэ гъуэгур зэрагъэпэщыжыну я гугъэщ.

Мы гъуэгу Iыхьэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, сыту жыпIэмэ ар Урысей Федерацэм и машинэ гъуэгухэм я ДэIэпыкъуэгъу зекIуапIэхэм хеубыдэ. ДэIэпыкъуэгъу зекIуапIэм хеубыдэ жылагъуэхэр зэпызыщIэ, экономикэ зыужьыныгъэр зэлъыта къалэшхуэхэр гъунэгъу зэхуэзыщI, хьэлэзешэхэмрэ цIыхухэр къезышэкI транспортымрэ я зэхэзекIуэм и кIыхьагъым хэзыгъэщI гъуэгу гуэдзэ лIэужьыгъуэщ. Аргуданрэ Александровскэрэ зэпызыщIэ гъуэгур «Кавказ» зи фIэщыгъэ Р-217 къэралпсо автомашинэ гъуэгум щыщщ, Прохладнэ (КъалэкIыхь) – Елхъуэт щIыналъэ гъуэгум и зы Iыхьэщ.

Гъуэгуухуэ лэжьыгъэхэр IыхьитIу екIуэкIынущ. Япэ теуэгъуэм къызэщIиубыдэ лэжьыгъэхэр, 2024 гъэм къриубыдэу зэфIагъэкIыпхъэхэр, Арщыдан къуажэ кIуэцIым, Iэрэмысэм и цIэр зезыхьэ уэрамым, щекIуэкIынущ. А уэрамым километри 4,3-рэ и кIыхьагъщ. КъищынэмыщIауэ, зэрагъэпэщыжыну къапэщылъщ Аргудан къуажэм къыдэкIыу Александровскэ жылагъуэмкIэ гъэза, километри 5,8-рэ зи кIыхьагъ гъуэгу Iыхьэри. ЛэжьакIуэхэм я къалэн нэхъыщхьэм щыщщ гъуэгум зрагъэубгъуныр, лъэныкъуитIри зекIуапIэ тIурытIу зэкIэщIахыныр. Абы къыхэкIыу асфальт къилъэлъар трахынурэ тIуащIэу зэтелъ асфальтобетон тралъхьэнущ, ар зекIуапIэ тIуащIэ хъуар гъущI кIапсэкIэ зэпрахукIынущ. Абы къищынэмыщIауэ, гъуэгубгъухэр ягъэбыдэнущ, турхэр къыхалыкIыжынущ, лъэс лъагъуэр яукъуэдиинущ, зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщынущ, зекIуэкIэ хабзэхэр къэзыгъэлъагъуэ гъуазэхэр гъуэгущхьэхэм щIэрыщIэу трагъэувэжынущ.

ЕтIуанэ теуэгъуэм къиубыд лэжьыгъэхэр щекIуэкIынур 2025 гъэращ. Аргудан – Александровскэ автомашинэ зекIуапIэм щыщу километрих 6,7-рэ зи кIыхьагъ гъуэгур зэрагъэпэщыжынущ. Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ кърахьэжьа Iуэхур етIанэгъэ яухыну я гугъэщ. Жылэхэр зэзыпх гъуэгум зэрагъэпэщыжа нэужь, етIанэгъэ пщIондэ километр 16,5-рэ щыIэ мардэхэм хуагъэкIуэнущ.

Гъуэгуухуэхэм зэрыжаIэмкIэ, иджыпсту щыщIэдзауэ лэжьыгъэхэр къыхуагъэува пIалъэм иту йокIуэкI, ухуэныгъэ технологием къигъэув мардэхэр зыри къэмынэу нэсу ягъэзащIэ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2026 - 09:18

ПэхуэщIэхэр, туризмэр, транспортыр...

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Къэ­бэ­­­дей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм хэтхэм я зэIущIэ.

20.04.2026 - 09:14

IэщIагъэм гуапагъэ хелъхьэ

Балэгъы Лианэ Къулъкъужын Ипщэ къуа­жэм щыщщ.

19.04.2026 - 09:03

Тетащ дунейм нэфIэгуфIэу

Налшык и Музыкэ школ №2-м мэлыжьыхьым и 13-м фэ­еплъ концерт щекIуэкIащ.

19.04.2026 - 09:03

Лианэ и IэрыкIхэр

IэкIэ ягъэхьэзыр, лъэпкъ дамыгъэхэм щыщ зыхаухуанэ фэилъхьэгъуэхэм яIэ щIэупщIэм иужьрей зэманым зэрыхэхъуэр ди нэгу щIокI.

18.04.2026 - 09:03

Тхьэмадэм и щIыхькIэ

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-мрэ ДАХ-мрэ я вице-президент, «Адыгэ псалъэ»  газетым и унафэщIу   илъэс 24-кIэ щыта ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс  80 зэрырикъуам иращIэкIа щIэ­ныгъэ-п