КъэкIуэнур зей щIэблэ дахэ

Ди республикэм и къалащхьэ Налшык мы махуэхэм щекIуэкIащ «Хэкум хуэ­пэж­хэр» ныбжьыщIэ зэхуэс иныр. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щы­лажьэ кадет школ куэдым я лIыкIуэхэу 100-м щIигъу. Апхуэдэу  зэхуэсым   кърагъэб­лэгъащ кадет школ­­хэм я егъэджакIуэхэр, къэрал гъэзэ­щIакIуэ IэнатIэхэмрэ жыла­гъуэ зэгу­хьэныгъэхэмрэ я лIы­кIуэхэр. 

Апхуэдиз цIыху зыхэт зэ­хуэсым и къалэн нэхъыщ­хьэ-хэм ящыщщ кадет зэщIэхъееныгъэм адэкIи зегъэу­жьыныр, абыхэм ща­дэ­лажьэ IуэхущIапIэхэм я зэхуаку зэ­пы­щIэ­ныгъэщIэхэр дэлъ­хьэ­ныр. Мы­хьэнэшхуэ иратащ ­ди къэралым къитаджэ щIэблэм хэкуп-сэ гъэсэныгъэ егъэгъуэ­тыным нэхъри зегъэужьыным, псом хуэмыдэу иджырей лъэхъэнэм. 
ЗэIущIэм кърихьэлIа псоми гуапэу захуигъэзащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэны­гъ­эм­кIэ и министрым и къуэ­дзэ ­Мокаев Ашэмэз. Абы и псалъэм къыхигъэщащ зэ­хуэ­сыш­хуэр хьэ­щIэр зи щIасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къы­зэры­щы­зэ­ра­гъэпэщар зэригуапэр икIи ди деж абы хэтхэм щагъэкIуэну ­зэманыр ­куп­щIа­фIэу, Iуэхугъуэ хьэлэ­мэтхэмрэ зэхуэзэ гъэ­щIэ­гъуэнхэмкIэ гъэн­щIауэ зэрыщ­ра­хьэкIынур. 
- Кадетхэр ди къэралым и къэ­кIуэнур зыгъэбелджылыну, абы и гъащIэр зыубзыхуну щIэб­лэм ящыщщ. Ди фIэщ   мэхъу фэ, нобэ зэхуэсым хэт­ ­ныбжьыщIэхэр, ди Хэку иным и ехъулIэныгъэхэм хьэлэлу хуэлэ­жьэну хэкупсэ нэсхэу фызэ­ры­щытыр, - жиIащ Мокаевым, ныб­жьыщIэхэм захуигъазэу. - Шэч къытесхьэркъым мы зэ­IущIэм къриубыдэу куэдым ныб­жьэгъущIэхэр къызэрыв­гъуэтынум, щIэныгъэщIэхэр зэ­ры­зэвгъэгъуэтынум. ЕхъулIэ­ны­гъэфIхэр фиIэу лэжьыгъэ купщIафIэ къефхьэлIэну, ди ныбжьэгъу лъапIэхэ!
ЩIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ зэIущIэр махуитIкIэ екIуэкIащ. ГуфIэгъуэ щытыкIэм иту къы­зэIуаха нэужь, абы хэта ныбжьыщIэхэм лэжьыгъэм гуп-­гупу пащащ. КъинэмыщIауэ, кадетхэр жыджэру хэтащ дзэ-хэкупсэ джэгу гъэщIэгъуэнхэм, егъэджэныгъэ купщIафIэ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэм. Я проект лэ­жьыгъэхэр утыку ирахьэурэ ахэр пхагъэкIащ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэр зэдэгуэшащ ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ къызэ­ры­мыкIуэхэмкIэ. Псоми яфIэ­хьэ­лэмэтащ форумым къыху­зэ­рагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэ купщIафIэр, ныбжьыщIэ куэд зыхэта лъэпкъ, щэнхабзэ Iуэхугъуэхэр. 
  Къыхэдгъэщынщи, «Хэкум хуэпэжу» кадетхэм я щIыналъэпсо зэхуэсыр къызэрагъэ­пэщащ «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «Урысей Федерацэм и цIыхухэр хэкупсэу гъэсэн» федеральнэ программэм къыщыгъэлъэ­гъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ.   Ар зэгъэуIунымрэ къы­зы­хуэ­тыншэу егъэкIуэкIынымкIэ фIы­щIэ зыбгъэдэлъыр КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ, ­ Егъэ­джэныгъэмрэ щIэ­­ныгъэм­кIэ и министерствэхэм, УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм  КъБР-мкIэ щиIэ IэнатIэм я IэщIагъэлIхэращ. 
 
ЖЫЛАСЭ  Маритэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2025 - 12:25

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

20.04.2025 - 09:03

Хэкум и къыщхьэщыжакIуэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэ нэхъыжьхэм икIи нэхъ инхэм ящыщщ Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъу­ныр.

19.04.2025 - 12:25

Зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъхэр

ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъур щыдгъэлъэпIэну махуэшхуэр къэсыным мазэ иримыкъущ иIэжыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым абы жыджэру зы­хуегъэхьэзыр. 

19.04.2025 - 09:05

Нэхъ цIыкIу дыдэхэр зэрагъэджэгухэр

 Адыгэ сабий джэгукIэхэм цIыкIухэр хуагъасэ жанагъ яхэлъыным, псынщIэу гупсысэным, хэлъэт яIэным. ДжэгукIэхэм я фIыгъэкIэ я Iэпкълъэпкъри псыхьа мэхъу.

19.04.2025 - 09:03

Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIэинхэр

ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэ­лэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо чэнджэщым (со­ветым) и ассамблеем ­(ИКОМОС) 1982 гъэм ири-гъэ­кIуэкIа и зэIущIэм къыщищтащ «Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэ