УщIалэху уотхъэ

«Еджэным къысхудэхуэ зэманым сылэжьэну сыхуейт», - жиIэу етIуанэ курсым щIэс си хъыджэбзым гъатхэ кIуам къыщызжиIам, ­си­гъэгупсысат. КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш къэ- рал университетым туризмэмкIэ и факультетым щIэсщ ар, фIы дыдэу хэзэгъауэ йоджэ. Сыхуейтэкъым и студент гъащIэр ­гугъу           сщIыну, нэхъыкIэжращи, ахъшэм дихьэхыу     ар хыфIидзэжыпэным сыщышынэрт. И             IэщIагъэкIэ лэжьыгъэ къызэримыгъуэтынур гурыIуэгъуэт, къиухатэкъыми. Си Iэ къы­зыпекIуэкIынум сегупсысащ, езым хуэгъэ­IурыщIэнури, и еджапIэм зэран хуэмыхъунури Iуэхум къыхэслъытащ, икIэм-икIэжым сычэнджэщащ. Чэнджащэ щыуэркъым. 

Зы шхапIэ гуэр сигу ирихьырт, щылажьэ бзылъхугъэ цIыкIу сцIыхурти, сеуп­щIащ еджа-пIэ нэужьым ущылэжьэфын хуэдэу щытрэ щымытрэ. «Гугъущ, нэхъыбэр ­IуокIыж, ауэ и шыIэ хурикъумэ, зигъэсэну ­къемыхьэлъэкIмэ, жыIэдаIуэмэ, хуэмыщIэн хэлъкъым, лэжьэгъуэ зэманхэр щаубзыхукIи и хьэтыр къалъагъуфынущ. ЩIалэгъуалэм хуэ­щIащ ди шхапIэр, щы­лажьэ ныбжьыщIэхэри псэм хуэдэщ, - къызжиIащ икIи сыкъигъэпцIатэкъым. Зыхуеину тхылъымпIэхэр дгъэхьэзырри уващ, мазэ еянэ хъуауэ мэлажьэ. 
Аракъым тхыгъэ кIэщIыр стхыну мурад щIэсщIар, Iуэхум и пэм фыхэзгъэгъуэзауэ аращ. IуэхущIапIэм щыIэ зэхущытыкIэ гъэщIэгъуэ­нырщ зи гугъу сщIыну сызыхуейр. Япэ махуэм щыщIэдзауэ фIыуэ къызэралъэгъуам, зэра­гъэгушхуэм и фIыгъэкIэ гукъыдэжышхуэ иIэу зэрылажьэр, къыхуэмыгъэсу зэрыкIуэр си гуа­пэщ. Гугъу зэрехьым пцIы хэлъкъым, ауэ къы­дэлажьэ хъыджэбз цIыкIухэм я псалъэ тIу имыщIу, зэгурыIуэу, зэгъусэу зэрылажьэм нэмыщI, зэщIыгъууи загъэпсэхуфу апхуэдэщ. Сыт адыгэм жиIар: «Уи бын къэзылъагъум уэри укъелъагъу». Ар псалъэ пэж дыдэщ. СыкъамыцIыхуми, сэлам къызрагъэхыжу, къыс­щIэуп­щIэу апхуэдэти, си хъыджэбзым къызжиIэж-хэмкIэ езы цIыкIухэри фIыуэ слъэгъуащ. 
Лэжьэн щIэзыдзагъащIэхэм я нэхъыфIыр ­пIалъэ-пIалъэкIэрэ къыхах унафэщIхэм. Ап­хуэдэ щIыхьыцIэр къыщыхуагъэфэщам щы­гуфIыкIащ жыпIэнри зыри жумыIэххэнри зыт. КъыкIэлъыкIуэри «ЛэжьакIуэ нэхъыфI» къы­хужаIащ, пщэфIапIэм и лэжьэкIэм хуагъасэщ, и щIэныгъэр къапщытэжри, инструктор цIэр къыфIащащ. ДэкIуэтеиху, и улахуэм хагъа­хъуэурэ, и Iуэху зехьэкIэр къызэралъытэр кърагъащIэурэ ягъэгушхуащи, пхуимыудыжыным хуэдэ хъуащ. 
Япэу узыхыхьэ гупым лэжьыгъэм хуиIэну гукъыдэжыр куэдкIэ зэрелъытаращ нэхъыщхьэу си хъыджэбзым и Iуэхум сызригъэгупсысыр. Ууейр къэбгъуэтыху улъыхъуэн зэрыхуейм пцIы хэлъкъым, япэу узыIуува лэжьапIэм упсэуху уIутын хуейуи щыткъым. Ауэ гъащIэ гъуэгуанэр иубзыхунымкIэ, гушхуауэ цIыхум яхэтынымкIэ, дэтхэнэми бзэ къыдэбгъуэтынымкIэ ар зэрыщ­хьэпэр хьэкъщ. 
Уэркъуасэ Аскэр и унафэм щIэт гупыр узын­шэну, ягъэгушхуэнрэ езыхэр зыгъэгушхуэнрэ IуэхущIапIэр щымыщIэну, я щIалагъэм (щы­лажьэр нэхъыбэу щIалэгъуалэщ) къыпкърыкI гукъыдэжыр куэдрэ мыкIуэщIыну си гуапэщ. ­ЕвгъэфIакIуэ, гуп дыгъэл!   

ИСТЭПАН  Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.12.2025 - 09:03

ЛIакъуэ­хэм я зэпыщIэныгъэ

КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм Лъы щат и станцыр «Лъы зытым и код. Хэкум и хъумакIуэхэр» урысейпсо акцэм хэту ирагъэ­кIуэкIа «Лъы тын.

05.12.2025 - 09:03

«Уэрэдыр и кIэм нэмысу»

Адыгэ литературэм и ­лъабжьэгъэтIылъ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 125-рэ зэрырикъум  и щIыхькIэ «Уэрэдыр и кIэм нэмысу» зыфIаща марафон-зэпеуэ щрагъэкIуэ-кIащ Бахъсэнёнкэ къуажэм    Щэн­х

05.12.2025 - 09:03

Анэхэм йогуапэ

 Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковникыу лэжьыгъэм пэрыкIыжа Хужьо­къуэ Русланрэ щыIащ  я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я лэжь

05.12.2025 - 09:03

Егъэджэныгъэм гулъытэ хэха егъуэт

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татья­нэ я пашэу, депутатхэр иджыблагъэ щыIащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ зыбжанэм.

04.12.2025 - 15:02

Гъуазэ яхуохъу

«Адыгэ псалъэ» газетым и щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» зыфIаща щIалэгъуалэ пэхуэщIэм епха Iуэхугъуэ щхьэпэхэр щокIуэкI.