АФЫПС - АФЫ - АФЫПСЫПЭАфыпс - Адыгэ Республикэм щежэх псыщ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Афы бгым (метр 738-рэ и лъагагъщ) къыщожьэ, километр 96-рэ и кIыхьагъщ, Шапсыгъ псы хъумапIэм бгъэдэт Афыпсыпэ къуажэм бложри, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Псыжь щыхолъэдэж. Еджагъэшхуэхэм яхэтщ щIыпIэцIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIэ зиIэхэри. Псалъэм папщIэ, бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Къумахуэ Мухьэдин къызэригъэлъагъуэмкIэ, фIэщыгъэм лъабжьэ хуэхъуар лъэхъэнэ жыжьэ блэкIахэм адыгэ лIакъуэхэм къызэдагъэсэбэпу яIа «ахуы» жыIэкIэрщ. Еджагъэшхуэм къызэрилъытэмкIэ, абыкIэ щыхьэтщ зи гугъу тщIы псым зэреджэу къэбэрдей адыгэхэм ди IуэрыIуатэм къыхэна Ахупс псалъэри. Афыпсыпэ къуажэр, Урыс-Кавказ зауэр екIуэкIыу, 1861 гъэм къызэрагъэпэщащ, «Хэкужь-хьэблэ», «Жылэ-унэщIэ» фIэщыгъэхэр зезыхьэ IыхьитIу зэхэтщ. 2022 гъэм ирихьэлIэу а къуажэм цIыху 2211-рэ дэсащ. Абыхэм ящыщу процент 79-р адыгэщ, 17-р урысщ. БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|