ОСЕТИН УСЫГЪЭМ ЩЫЩЩ

ГъэщIэгъуэнщ нэгъуэщI лъэпкъым я усакIуэхэм я гупсысэ тхылъымпIэм зэрахьым укIэлъыплъыну. Сыт зыгъэгузавэр, зыщыгуфIыкIыр, щIэпсэур, ягъафIэр – зыгъэусэр?! Осетин усыгъэм щыщ щIэзджыкIати, хэслъэгъуащ, гугъи, гухэлъ къабзи, цIыху хьэл-щэни, хъуэпсапIи… Сыт мыбы я сатырхэр къызыхахыр? Хэт блэкIам хуоплъэкIыж, хэт щIыуэпсым пходэIукI, хэт къэзыухъуреихь цIыхухэм якIэлъоплъ, хэт уафэмкIэ и гур етащ, хэт и щIыналъэр егъафIэ. Я хъэтIкIэ зэхуэдэкъым – дэтхэнэри дуней щхьэхуэщ. «Дауэ пIэрэ абы я дунейр адыгэбзэкIэ зэрызыхэтщIэнур?». Сегупсысати, усэ зыбжани адыгэбзэм къесшэлIащ. 
ГУГЪУЭТ Заремэ. 

Дудаев Чермен
***
Си хьэзырым и щIагъкIэ, мы си гум
ЩыIэщи си щIыналъэр. Абы щызолъагъу
Си унэр, илъу Iэгум.
Солъагъу ди бгыжь нэгъунэ,
Уафэм зыщIакъузэу шыныбэпхыу.
Бекъан гуэлым и плъыфэ и нитIым,
Сэ си дахэм и нитIым сыщIоплъэ,
Дымылъагъуу ныбжьэгъуи  жагъуэгъуи...
Е ныбжьэгъу, е жагъуэгъу дымылъагъуу…
Си хьэзырым и щIагъкIэ, мы си гум.

Си хьэзырым и щIагъкIэ, мы си бгъэм
Щхьэщылъыхэщ Дарьял Iугъуэр гъуэзу,
Си унэр илъу си Iэгум…
Ныдоплъей си къунакъыр уэгум,
Ар кIэлъоплъ пшэ гуэрэн зэрыкIуатэм.
Сыхуэзэшкъым сыкъэзымыдатэм,
Зи теплъэр сурэтылъэм къыдэнам,
И ныбжьыр си блэкIам иджы трипхъуэу,
Си хьэзырым и щIагъкIэ, мы си бгъэм. 

Си хьэзыр щIагъым, си гум щыгъэпщкIуауэ,
Си унэр щытщ, си унэр - си Осетие.
Жэнэтщ и бгылъэр
Си лъахэу си гум илъым.
НэгъуэщI зы щIыпIи пэсщIыркъым си хэкум.
Сэ куэд седжащ, седжащ усакIуэ куэдым,
Шы лъэ макъ жэр зи тхыгъэ къыхэкIуэт,
Сонету зыщI, бзылъхугъэм я сурэтхэр,
ИтIани си гум илъыр зыщ - уаращ Алание,
Си хьэзыр щIагъым, си гум щызгъэпщкIуауэ. 

Дзасохов Музафер
Мылъку
Сызэрыпсэури? Тыншу!
Сыугъурлыуэ нахуэу.
Мылъкур мыIэмалыншэ,
Семыгупсыс зы махуи.

Гуапэу сопсэу. Армыхъумэ,
Ухэзэшэнт си махуэм.
Сыщытепщэн сымылъыхъуэ,
Мылъкум сыщыкIэрахъуэу.

Ахъшэм и Iуэху – иужькIэщ.
СыткIэ си лъахэр мыфIрэ!
Хэт и къулей тхьэмыщкIи
Гуапэу сэ сахуогуфIэ.

Скодтаев Эльбрус
***
Губгъуэм, ди мэзышхуэм, къуажэ псом
Уэсыр щабэу тосэ, кIэ имыIэу.
Уафэ гущIэм ещхьщ борэн щыпсэу,
Уэсым зыкъеубгъур, къихьу щIыIэ.

Псэншэ хъуащ иджы къуажэ уэрамхэр,
Уэрэсэрэ дызэрымылъагъу.
Уэсым хегъэгъуащэ щIым ди лъагъуэр,
Губжьа хуэдэщ дунейр зи щIыIагъ.

Уэс борэныр, плъагъурэ, хъийм икIащи,
НэкIум дыжьын налъэхэр кърепхъэ.
Къуажэм адкIэ дыгъужь щыкъугъащи,
Уэрам бэлэрыгъхэм щIыIэ йопхъуэ.

Дыгъужь хуэдэу, уаери мэкъугъ,
Сэ гупсысэ хьэлъэр къысщхьэщихьэу.
Сэ хэт хъуну псэкIэ сыщыгугъ,
А гупсысэ хьэлъэмкIэ сылъихьэу?

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.07.2026 - 15:59

Тыншу икIи дахэу

«ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ проектым хыхьэ «ТыншыпIэм хуэщIа къалэ къызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, Бахъсэн районым ­хыхьэ ПсыкIэху къуажэм и цIыху зэхуэ­сыпIэ­хэр сыт и лъэн

14.07.2026 - 09:02

Москварэ Налшыкрэ я зэпыщIэныгъэр

«Налшык и курорт щIыпIэм щыIэ «Ан­тарес» сабий егъэджэныгъэ центрыр щIэблэм я щIэныгъэм, гъэсэныгъэм щыхагъахъуэ, апхуэдэуи зыщагъэпсэху IуэхущIапIэщ.

14.07.2026 - 08:57

Удэзыхьэхщ IэпщIэлъапщIэхэм я IэщIагъэр

ЦIыхубэ художественнэ IэщIагъэхэмкIэ республикэ центрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэ­рырикъур иджыблагъэ ягъэлъэпIащ. Ар ирихьэ­лIащ ЦIыхубэ IэщIагъэ­хэм я урысейпсо махуэм.

13.07.2026 - 10:01

Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ

Урысей ФСИН-м и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм хыхьэ колоние №5-м и лэжьакIуэхэр ехъуэхъуащ  Хэку зауэшхуэм и ветеран Дегтяренкэ Василий и ныбжьыр илъэси 100 зэрырикъумкIэ.  

12.07.2026 - 09:03

Хабзэхэм щы­хэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъ­хьащ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим 2026 гъэм и гъатхэ лэжьэгъуэм и иужьрей зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.