ХЬЭСАНЭ МУРАТ ПСОМИ ЯТОКIУЭКъэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, Мэзкуу областым и Красногорск къалэм грэпплинг, грепплинг-ги спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам нэмыщI, абы кърихьэлIащ Индием, Къэзахъстаным, Тыркум, Узбекистаным, Алжирым, нэгъуэщIхэми я спортсменхэр, псори зэхэту 1000-м щIигъу. Ди гуапэ зэрыхъущи, къэралым и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэхэри. Абыхэм ящыщу килограмм 92-рэ хъухэм я деж щыбанэ Хьэсанэ Мурат иригъэкIуэкIа зэIущIиплIыр къихьри, дуней псом и чемпион хъуащ. Хьэсанэм и тренерыр Шыхъуэстэн Русланщ. АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|