БЛЭ­КIАМРЭ КЪЭКIУЭНУМРЭ ЗЭПЫ­ЗЫ­ЩIЭ ЛЪЭМЫЖ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Карусель» выставкэм фыщеплъыну Iэмал щыIэщ сурэтыщI Нестеренкэ Эдит и лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэм.

Мыр Эдит и ещанэ гъэлъэ­гъуэныгъэщ. СурэтыщIым и япэ выставкэр щекIуэкIащ иужьрей илъэсиплIым ар щыпсэу Москва къалэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ди республикэм гъатхэм ­къы­щызэрагъэпэщауэ щытащ Эдит и лэжьыгъэхэр щызэхуэ­хьэса «Что ты чувствуешь?» выставкэр. Езым къызэрилъы­тэмкIэ, и сурэтхэр экспрессио­низм лIэужьыгъуэм пэгъунэгъущ.
Налшык и Сабий художест­веннэ школыр къэзыуха, зи IэщIагъэкIэ лингвист Эдит зэ­ры­жиIэмкIэ, и лэжьыгъэхэр зытриу­хуэр XIX лIэщIыгъуэм и цIыхухэрщ, абы хиубыда и Iыхьлыхэрщ. 
Гъэлъэгъуэныгъэм щызэхуэ­хьэ­сащ «Темный период», «Светлый период», «Карусель» зыфIища лэжьыгъэхэр. ЦIыхухэм я хьэл-щэнхэм, гъэм и зэманхэм хуэ­дэу, зэрызахъуэжыр, языныкъуэхэм дунейр уэтIпсытI, пша­гъуэ хъуми, дыгъэпс махуэхэр къызэры­кIэ­лъыкIуэр - аращ гупсысэу мы су­рэтхэм ящIэлъыр. «Карусель» Iыхьэм  хохьэ сабиигъуэмрэ сабийхэмрэ ятеухуа сурэт щхъуэ­кIэплъыкIэхэр. Абы щызэхуэхьэсащ езым и сабии­гъуэм, «дуней телъыджэм» ухэ­зышэ и гукъэ­кIыжхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ. Блэ­кIамрэ къэкIуэнумрэ зэпы­зы­щIэ лъэмыжщ а сурэтхэр. Балигъхэми сабийхэми яхуэгъэзащ Эдит и сурэтхэр. Абы и лэжьыгъэхэм дихьэххэр, ахэр зэ­хуэзыхьэсхэр мащIэкъым, аращ Москва и галерее нэхъ цIэрыIуэхэми щIрагъэблагъэр. 
Музейм и унафэщI Накуэ Феликс мы Iуэхум теухуауэ къы­щыпсалъэм къыхигъэщащ  лэ­жьыгъэхэр зэрыщIэщыгъуэр, Эдит зыми емыщхь, езым и хъэтI зэриIэжыр, и сурэтхэр ди музейм дяпэкIи щигъэлъэгъуэну зэригуа­пэр. 
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ су­рэтыщIхэу Ахъмэт Лиуанрэ Дзэгъэл Iэуесрэ. Гъэлъэгъуэныгъэр щэкIуэгъуэм и кIэ пщIондэ екIуэкIынущ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Сурэтхэр 
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.11.2023 - 17:19

СТРАДИВАРИ И СКРИПКЭ ТЕЛЪЫДЖЭХЭР

ЦIыху IэпщIэлъапщIэ Страдивари Антонио и гъащIэр триухуат макъамэ Iэмэпсымэ къэгъэщIыным. ИкIи и IэрыкIхэм я фIыгъэкIэ и цIэр жыжьэ Iури, игъащIэкIэ гъуазджэ тхыдэм къыханащ.

29.11.2023 - 17:19

И ХЬЭКЪ ЗЫТЕМЫХУЭ ЩЫIЭКЪЫМ

Хыпс щхъуантIафэр щоIэуэлъауэ

29.11.2023 - 15:02

Шэмызокъуэ Заур инструктор пажэщ

«2023 гъэм мафIэсым пэщIэт профилактикэ Iуэхум- кIэ инструктор нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна еплъыны­-гъэ-зэпеуэр зэфIэкIащ.

29.11.2023 - 12:25

Зэадэзэпхъум я утыку

Къэбэрдей-Балъкъэрым     и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щагъэлъагъуэ сурэтыщI зэ­адэзэпхъухэу Турай Руст

29.11.2023 - 09:03

Мыужьыхыж мафIэ

Псыпэр зэрыкIуэм псыкIэри ирожэ, жаIэ.