АЛАНЭ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм атлетикэ хьэлъэмкIэ пашэныгъэр щыубыдыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ щекIуэкIащ. Абы гупитIу гуэшауэ щызэпеуащ илъэс 15-18, 19-20 зи ныбжь спортсменхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ихъумэу зэхьэзэхуэм хэта Скрипко Аланэ дыжьын медаль къыщихьащ килограмм 76-рэ зи хьэлъагъхэм я деж. Жимымрэ рывокымрэ зэхэту хъыджэбз ныбжьыщIэм къиIэтащ килограмм 208-рэ (92/116). Аланэ езым и рекордыр зэхьэзэхуэм щригъэфIэкIуащ.

Абы зыщигъасэр Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и тренер Шэкэм Михаил и дежщ. 

                                           АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.11.2023 - 17:19

СТРАДИВАРИ И СКРИПКЭ ТЕЛЪЫДЖЭХЭР

ЦIыху IэпщIэлъапщIэ Страдивари Антонио и гъащIэр триухуат макъамэ Iэмэпсымэ къэгъэщIыным. ИкIи и IэрыкIхэм я фIыгъэкIэ и цIэр жыжьэ Iури, игъащIэкIэ гъуазджэ тхыдэм къыханащ.

29.11.2023 - 17:19

И ХЬЭКЪ ЗЫТЕМЫХУЭ ЩЫIЭКЪЫМ

Хыпс щхъуантIафэр щоIэуэлъауэ

29.11.2023 - 15:02

Шэмызокъуэ Заур инструктор пажэщ

«2023 гъэм мафIэсым пэщIэт профилактикэ Iуэхум- кIэ инструктор нэхъыфI» цIэм щыщIэбэна еплъыны­-гъэ-зэпеуэр зэфIэкIащ.

29.11.2023 - 12:25

Зэадэзэпхъум я утыку

Къэбэрдей-Балъкъэрым     и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хыхьэу яухуа гъуазджэ галереем щагъэлъагъуэ сурэтыщI зэ­адэзэпхъухэу Турай Руст

29.11.2023 - 09:03

Мыужьыхыж мафIэ

Псыпэр зэрыкIуэм псыкIэри ирожэ, жаIэ.