Урысейм и ФСИН-м и унафэщI Гостев Аркадий КъБР-м щыIэ я къулыкъущIапIэм унафэщIу ягъэувар абы щылажьэхэм яригъэцIыхуащ.
Видео-конференц зэпыщIэныгъэм тету екIуэкIа зэIущIэм хэтащ республикэм и Iэтащхьэр, къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм я унафэщIхэр, Управленэм и гупыр. Республикэ УФСИН-м и унафэщI къулыкъур дзыхь хуащIащ къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Демидов Александр.
Гостев Аркадий зэрыжиIащи, Демидовым уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм лэжьэн щыщIидзащ 1998 гъэм. Тезырхэр щагъэзэкIуэж IуэхущIапIэм и хъумакIуэ ротэм и взводым и командиру иригъажьэри, Урысей ФСИН-м и щIыналъэ IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьащ.
- Къулыкъум пэрыувам къыпэщытщ дзыхь къыхуащIа IэнатIэхэм я щытыкIэр зригъэщIэну, Управленэм и гупым я къалэнхэр зыхуей хуэзэу ягъэзэщIэныр къызэригъэпэщыну, - къыхигъэщащ ведомствэм и Iэтащхьэм.
Урысей ФСИН-м и унафэщIыр щхьэхуэу тепсэлъыхьащ гулъытэ хэха зыхуэщIыпхъэ Iуэхухэм, абы я лэжьакIуэхэр зэщIэкъуауэ, хабзэ яхэлъу щытын зэрыхуейм.
Гостев Аркадий къыхигъэщащ тезырыр щагъэзэкIуэж IуэхущIапIэхэм лэжьапIэ IэнатIэ нэхъыбэ къыщызэIуах зэрыхъуар икIи щIэупщIэ зиIэ хьэпшыпхэр къыщIэгъэкIыныр, властым и органхэр зыхуеину Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр, абы зыхъумэжыныгъэ-промыш-леннэ комплексым ифI зыпылъхэри хыхьэу, къызэгъэпэщынымкIэ хэкIыпIэхэр къазэрыдэкIуэр.
УнафэщIым жиIащ къапэщыт къалэнхэр ехъулIэныгъэ хэлъу зэфIэхыныр ведомствэхэм я зэдэлэжьэныгъэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэми, властым и органхэми хуэдэу, куэдкIэ зэрелъытар.
А къалэнхэм язщ, 2024 гъэм щIышылэм и 1-м щыщIэдзауэ зэщIыгъуу пхагъэкIын хуей «Урысей Федерацэм суд унафэкIэ тезыр зыщытралъхьахэм я къуаншагъэхэр зэрырагъэзэкIуэжыну щIыкIэхэм ятеухуауэ» Федеральнэ законым и Iы-хьэ хэхахэр гъэзэщIэныр.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къыщыпсалъэм къыхигъэщащ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм властым и органхэр адэкIи зэрыдэлэжьэнур икIи щIыналъэ УФСИН-м и унафэщIу ягъэувам ехъулIэныгъэхэр иIэну ехъуэхъуащ.
Демидов Александр Урысей ФСИН-м и унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ апхуэдэ дзыхь къызэрырагъэзам папщIэ, икIи жиIащ республикэ УИС-м къыпэщыт къалэнхэр зэфIэхыным, хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ властым и органхэмрэ ядэлэжьэныр гъэбыдэным зэрыхуэхьэзэрыр.
УЭРДОКЪУЭ Женя.