ЗэфIагъэкIамрэ къапэщылъымрэКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм илъэс блэкIам къехъулIахэр къыщапщыта, дызыхуэкIуэ илъэсым зыхуагъэувыж мурадхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Зэхуэсым кърихьэлIащ щIыналъэ Правительствэм хэтхэмрэ муниципальнэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КIуэкIуэ Казбек жиIащ: «Дэ къалэн нэхъыщхьэу диIэр 2023 гъэм яухын хуей ухуэныгъэхэр и кIэм нэдгъэсынырщ. КъинэмыщIауэ, 2024 гъэм дызэлэжьынухэми дегупсысыпхъэщ. Жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ ухуэныгъэхэр къахэдгъэхъуэнущ абыхэм. Языныкъуэ лэжьыгъэхэм щIыналъэхэм дыщытепсэлъыхьауэ щытащ, адрейхэр - щIэуэ къыхэдгъэхьэнущ. Къэунэхуну илъэсым и бюджетыр япэ къеджэгъуэм пхыкIащ, етIуанэ къеджэгъуэм ирихьэлIэу зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хьэзыр мэхъу, ди фейдэ хэлъуи, 2024 гъэм мыхьэнэ нэхъ зэттыну лъэныкъуэхэм дриплъэжын хуейщ». КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|