КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм депутатхэр щыхэплъащ Iуэхугъуэ 30-м нэблагъэм.
Абыхэм ящыщт «ЦIыху щхьэхуэхэм псэупIэ яухуэн папщIэ щIы Iыхьэ пщIэншэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщратымрэ КъБР-м и ЩIы кодексым и Iыхьэ 14, 17-хэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и 2-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ» КъБР-м и законым и проектыр.
Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, пщIэншэу щIы Iыхьэ къратыну хуитыныгъэ яIэщ: абы хуэныкъуэу республикэм щыпсэухэм, дзэ Iуэху хэхам хэтахэм, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужьхэм, дзэ Iуэху хэхам хэту къэрал дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэм, зауэм и ветеранхэм, апхуэдэуи лIыхъужьыр хэкIуэдамэ, абы и унагъуэм щыщхэм (унагъуэщIэ зымыухуэжа щхьэгъусэм, балигъыпIэ ныбжьым нэмыса и сабийхэм, япIыну къащтахэм, илъэс 18-м щIигъуахэм (а ныбжьым нэмысу ныкъуэдыкъуэ хъуамэ), щIэныгъэ зэзыгъэгъуэтхэм (илъэс 23 пщIондэ), адэ-анэхэм.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IуэхухэмкIэ коэффициентыр 2024 гъэм те-щIыхьауэ щыгъэбелджылын» КъБР-м и законым и проектым. КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Къэжэр Хъусен зэрыжиIамкIэ, законопроектыр республикэм и Правительствэм къыхилъхьащ, хамэ къэралхэм щыщу щIыналъэм зи лэжьыгъэ къыщызэзыгъэпэщ цIыху щхьэхуэхэм я коэффициентыр 2024 гъэм 3,0-м хуэзэу хуагъэувын папщIэ. Нэхъ ипэкIи, 2021 - 2023 гъэхэми, бжыгъэр апхуэдэу щытащ.
- Абы Iэмал къыдет лэжьыгъэ къалъыхъуэу Iэпхъуэшапхъуэ-хэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ тщIыну, лэжьыгъэ Iуэхухэр щIыналъэм зэтес щыхъуну, псом хуэмыдэу республикэм щыпсэухэр IэнатIэкIэ къызэдгъэпэщыну, къищынэмыщIауэ, хамэ къэрал щыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым зи лэжьыгъэ къыщызэзыгъэпэщхэм я хэхъуэм щхьэщатыкI налогым хэдгъэхъуэну, - къыхигъэщащ къэпсэлъам.
Депутатхэр зэIущIэм щыхэплъащ федеральнэ законхэм я проектхэм, УФ-м и щIыналъэхэм къабгъэдэкI жэрдэмхэм. Ахэр теухуат УФ-м и муниципальнэ IэнатIэм, щIыпIэ унафэр къызэрызэрагъэпэщ щIыкIэхэм, сату Iуэхум и лъабжьэхэм, щэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат еджапIэхэм узыншагъэр щрагъэфIакIуэ я спорт лагерхэр зэгъэпэщыжыным, нэгъуэщIхэми.
КъищынэмыщIауэ, КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Байдаев Сэлихь зэIущIэм хэтхэр щигъэгъуэзащ республикэм и автомобиль гъуэгухэмрэ гъущI гъуэгу зэпрыкIыпIэхэмрэ шынагъуэншэу щытыным теухуауэ КъБР-м и Парламентым и Президиумым ищIа унафэр зэрагъэзащIэм.
КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.