Зыхуагъэувыжа пIалъэм зыкъыкIэрамыгъэхуу![]() Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и департаментым и унафэщI Некрасов Роман иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ гъавэр къехьэлIэжыным ехьэлIауэ къэралым и губгъуэхэм мы махуэхэм щалэжьхэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ. Видеоконференц зэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Шэт МэчрэIил. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэм гъавэр кърахьэлIэж зыхуагъэувыжа пIалъэм зыкъыкIэрамыгъэхуу, вэн-сэным ехьэлIауэ щыIэ мардэхэм тету. Дунейм нобэ и щытыкIэм и фIагъ куэди абы хэлъу къалъытащ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|