И БГЪЭГУР ТИТАНКIЭ ЗЭРАХЪУЭКIАЩТэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм операцэ телъыджэ щрагъэкIуэкIащ иджыблагъэ. А узыфэ шынагъуэм иубыда бзылъхугъэм и бгъэгур титанкIэ зэрахъуэкIащ, зэрыжаIэмкIи, операцэр хъарзынэу зэфIэкIащ. ИлъэситI ипэ Дагъыстэным щыщ бзылъхугъэм (илъэс 36-рэ хъурт абы щыгъуэ) и бгъэм лышх шыкъыр хэлъу къагъуэтри, дохутырхэр еIэзат. Мы гъэмахуэ кIуам абы гу зылъитэжащ и бгъэм аргуэру шыкъыр гуэр хищIэжауэ икIи ростов онкоцентрым екIуэлIащ, абы и щIэныгъэлIхэр зригъэплъыну. Бзылъхугъэм и узыншагъэр къыщапщытэм, илъэситI ипэ къефыкIа лышхым лъахъыц иутIыпщу и бгъэгу къупщхьэм зритыжауэ, уеблэмэ сантиметри 5 хъууэ шыкъырышхуэ хищIауэ къыщIэкIащ. Арами, онкологиемкIэ щIэныгъэ-медицинэ институтым и дохутырхэм хэкIыпIэ къагъуэтащ: абыхэм лышхыр зыкIэрищIа къупщхьэр къызэрыхагъэжам и закъуэ мыхъуу, и бгъэгур титаным къыхэщIыкIакIэ зэрахъуэкIащ. - Апхуэдэ операцэхэм куэдрэ урихьэлIэркъым. Ростов онкоцентрыр къапщтэмэ, япэ дыдэ щедгъэкIуэкIауэ аращ. ЦIыхум и къупщхьэ гуэр къэтмэ, ар зэрызэрахъуэкI 3D-имплант жыхуэтIэ IэмалыщIэр къэдгъэсэбэпыну дытегушхуэри, дыхущIегъуэжакъым, - жеIэ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, РАН-м и академик, лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт щIэныгъэ-медицинэ институтым и унафэщI Кит Олег. ЦIыхубз сымаджэм и бгъэгум и зэхэлъыкIэ дыдэм хуэдэ титаным къыхащIыкIын папщIэ, абы и пкъым компьютер томографиекIэ 3D сурэт трахри, имплантыр принтеркIэ традзащ. Ар игъэхьэзыращ биомедицинэмкIэ урысей IуэхущIапIэм. ГъэщIэгъуэнракъэ, имплантым грамми 100 и хьэлъагъыу аращ! - Имплантыр традзэху бзылъхугъэм химиекIэ деIэзащ, армыхъумэ лышхыр хэхъуэнут. Ар сэбэп хъури, шыкъырыр къызэтеувыIат икIи зызыхиубгъуа къупщхьэри къыхэдгъэжри, титан имплантыр занщIэу хэдгъэуващ, - жеIэ операцэр щрагъэкIуэкIа къудамэм и унафэщI, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Харагезов Дмитрий. Операцэр апхуэдизкIэ фIыуэ зэфIэкIащи, хагъэувар зыкIи къеныкъуэкъуркъым. ЩIатхыкIыжащ, лэжьапIэм дэкIыжынуи зегъэхьэзыр. Фырэ Анфисэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|