Япэ дитщ

Урысейм ФинансхэмкIэ и министерствэм иджы­благъэ хэIущIыIу ищIащ ищхьэкIэ къикIыу хуау­тIыпщ ахъшэр (дотацэр) УФ-м и щIыналъэхэм къы­зэрагъэсэбэп щIы­кIэр. Ар нэхъыфIу зезыгъакIуэхэм яхэхуащ ди Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Абы и лъэныкъуэкIэ республикэр япэ итщ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ округым къыдыхэтхэм. Ставрополь крайр, Шэшэныр, Осетие-Ищхъэрэ - Ала­ниер курытхэщ, Дагъыс­тэ­нымрэ Ингушымрэ ищIагъкIэ щы­Iэхэщ. Министерствэм къихьакъым «фIагъым» и пщалъэу къигъэсэбэпар зы­хуэ­дэр, ауэ арыншами гу­ры­Iуэгъуэщ ар ахъшэр зэпэшэчауэ къы­зэрагъэ­сэбэпым зэрытещIы­хьар.

Мыбдежым зыщыдгъэгъупщэнкъым дотацэм и нэхъыбэр Кавказ Ищхъэрэм къызэрыкIуэр. Псом хуэмыдэу ахъшэ­шхуэ зыIэрыхьэр Дагъыстэнымрэ (сом мелард 85,9-рэ) Шэшэнымрэщ (сом мелард 43-м щIигъу). А тIури хохьэ федеральнэ мылъкур нэхъыбэу зыгъэкIуэщI щIыналъитхум (адрейхэр - Якутиерщ (сом мелард 56,7-рэ), Камчаткэрщ (сом мелард 44,1-рэ), Алтайрщ (сом мелард 32,4-рэ).
ЗыкъомкIэ нэхъ мащIэщ Ставрополь крайм (сом мелард 23,3-рэ), Къэбэрдей-Балъкъэрым (сом мелард 18), Осетие Ищхъэрэм (сом мелард 13,5-рэ), Къэрэшей-Шэрджэ­сым (сом мелард 12,9-рэ) ялъысхэр.
Псори щыгъуазэщ, къэ­ралыр къадэIэпыкъуми, Кавказ Ищхъэрэм и цIыху­хэм хэхъуэу яIэрыхьэр зыхуэдизымкIэ псоми ­къазэрыкIэрыхум. Ар къы­зыхэкIри гурыIуэгъуэщ: мыбы промышленность хьэлъэ щыIэкъым, щIыхэр хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ щыкъулейкъым. Ауэ хэкIы­пIэхэр къагъуэт. Къэбэрдей-Балъкъэр мыиным къыщыпач Урысей псом пхъэ­щхьэмыщхьэу къы­щра­хьэлIэм и Iыхьэ щанэр икIи щамурадщ мыгувэу ар и зэхуэдитIым нагъэсыну. Ди республикэми адрей щIыналъэхэми щIэгъэпсынщIауэ заужь икIи ар къагъэлъагъуэ бжыгъэхэм.
Иужь зэманым IэщIагъэлIхэм нэхъ жаIэ хъуащ зэрыщыту лъэщу ефIэ­кIуэн папщIэ Кавказ Ищхъэрэм иджыри къэс щIагъуэу къимыгъэсэбэпа ­къару зэрыбгъэдэлъыр. Ар мыбы туризмэр дунейпсо пщалъэхэм къитIасэу къыщыIэтынырщ. И щIыпIэ дахэхэмкIэ ди щIыналъэр зыми къыпикIуэтынукъым. Абыхэм гъэм и зэман псоми цIыхухэр зыIэпашэнущ. Яхэгъэхьэж ди псы хущ­хъуэхэр, нарзанхэр. Иджыпсту щIэупщIэшхуэ зиIэ Тыркум и зыгъэпсэ­хупIэхэри абыхэмкIэ зы­щытхъужыфынукъым, ауэ и зыгъэпсэхупIэхэрщ а къэралым зыкъезыгъэ­Iэтар. Зылъэгъуахэм зэра­Iуэ­тэжымкIэ, ахэр илъэс 30 хуэдиз ипэкIэ тхьэщIэпс икIутыпIэхэм ещхьу щытащ, иджы нэхэр пIэпах. Дыдейхэри абыхэм ещхь яхуэщIынущ, ахъшэм щымысхьу зрагъэужь ­къудеймэ. ИтIанэ дэ ды­хуеижынукъым дотацэ гуэри. Ар апхуэдэу зэ­-    ры­хъунуми шэч хэлъкъым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.01.2026 - 09:03

Блым щыщу тхур дыщэу

Урысейм ТхэквондомкIэ и зэгухьэныгъэм и президентым и Кубокыр къэ­хьыным хуэунэтIа къэралпсо зэхьэзэ­-хуэ Къэрэшей-Шэрджэсым и къалащ-хьэ Черкесск щекIуэкIащ.

24.01.2026 - 09:03

Медаль 35-рэ къахь

Кавказ Ищхъэрэм атлетикэ псынщIэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Ставрополь крайм щекIуэкIащ иджыблагъэ.

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.