Диныр - иджырей дунейм

Санкт-Петербург ще­кIуэ­кIащ «Диныр - иджырей дунейм» зыфIаща II ду­ней­псо­ зэхуэсыр. Мэзкуу чы­ристан дин IуэхущIапIэм и нэIэ щIэ­ту, ар къызэрагъэпэщащ Санкт-Петербургрэ Ипщэ-КъухьэпIэ щIы­налъэмрэ я муслъы­мэн IуэхущIапIэм, Урысейм ис муслъымэнхэм я зэхуэсым, Санкт-Петербург и Правительствэм, Ис­лъам щэнхабзэм, щIэ­ны­­гъэм­, егъэджэныгъэм зы­­щIэ­гъэкъуэнымкIэ фон­дым, Санкт-Петербург              дэт къэрал университетым.
 
Кавказ Ищхъэрэм ис мус­лъымэнхэм я зэзыгъэуIу советым и лIыкIуэу зэхуэсым екIуэлIахэм яхэтащ КъБР-м и Муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дза­сэжь Хьэзрэталийрэ Кав­каз Ищхъэрэ ислъам университетым и ректор Чочаев Шарафутдинрэ. 
Ижь-ижьыж лъандэрэ цIы­хубэм зэрахьэ дин пэж­хэм я тегъэщIапIэхэм мамырыгъэ, щIэныгъэ, цIыху зэ­­декIуэкIыкIэ узыншэ фIэ­кIа, нэгъуэщI Iуэху зэрызэрамыхуэр къигъэлъэгъуэнырт зэхуэсым къалэн зыщищIыжар. Абы щызэхуэсахэр зэдэарэзыуэ тепсэлъыхьащ сыт хуэдэ динми залымыгъэр Iумпэм зэрищIым, абы уасэ зрит псэкупсэ хъугъуэ­фIыгъуэхэр пхъумэныр иджы­рей дунейм узэрыде­кIуэкIыпхъэ Iэмалу зэ­ры­щытым. Къызэхуэсахэм я мурадт дызэрыт зэманым цIыхухэр диным зэрахущы­тым зыщIихъуэжар зэхагъэ­кIыну, лъэпкъ-дин зэхэгъэ­жыр къэзыгъэсэбэпыну ­хуе­жьахэр къызэрыщIэгъэ­щып­хъэ щIы­кIэхэмкIэ зэ­дэ­гуэшэну. Зэ­хуэсым гулъы­тэшхуэ щыхуа­щIащ УФ-м и Президентым къыдигъэкIа, «Уры­сейм хабзэкIэ къекIуэкI динхэм я тегъэщIапIэхэр хъу­­ма щыхъу­ным­кIэ къэрал политикэм и лъабжьэхэр» Ука­зым. 
Конференцэм и лэжьыгъэм хэтащ егъэджэныгъэм, къэхутэныгъэ лэжьыгъэм пыщIа къэрал Iуэху­щIа­пIэхэм ящыщ щIэны­гъэлI­хэр, къэрал 30-м къи­­­­кIа дин лэжьакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. Хьэ­щIэ­хэр къикIат Перс псыдэуа­пIэм, Африкэм, Ипщэ-Къуэ­кIыпIэ Азием. КъинэмыщIауэ, я лIыкIуэ къагъэкIуат Ира­ным, Хьэрып Эмират Зэгуэт­хэм, Бахърейным, Йеменым, Сауд Хьэрыпым, ­Ал­жи­рым, Малим.
Зэ­­хуэсым и кIэм къызэхуэсахэм IэIэткIэ къащтащ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэм и купщIэр щы­зэхуэхьэса дэф­тэрыр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.02.2026 - 09:03

Къэралым и плъапIэщ

2025 гъэм и пэщIэдзэм ирагъэжьа «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЛIыхъужьхэр» щIэныгъэ программэр илъэсым и кIуэцIкIэ ехъулIэныгъэ-хэр иIэу ирагъэкIуэкIащ.

06.02.2026 - 09:03

ЩIэныгъэм и лъагъуэхэр

Сыт хуэдэ Iуэхуми къытрегъэзэж, сыт хуэдэ гупсысэри щIэрыщIэу   утыку къохьэж, жиIэгъат пасэрей гупсысакIуэ гуэрым.

06.02.2026 - 09:03

Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэхуэс

КъБР-м Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм щызэхуэсащ абы хэтхэр, кърагъэблэгъащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэ­­­ныгъэ центрым информполитикэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м и Кинематограф

05.02.2026 - 09:10

УзытеплъэкъукI мыхъуну лэжьыгъэхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек яIущIащ рес­публикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, ухуэныгъэмрэ псэу­пIэ-коммунальнэ хозяйст­вэмкIэ министр Журавлев

05.02.2026 - 09:07

ЦIыхубэм ягу илъщ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе­зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ теат­рым щIышылэм и 30-м фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ.