АРЫКЪ И ГЪУЭГУЩIЭР

Тэрч куейм хыхьэ Арыкъ жылэм километри 2,5-рэ зи кIыхьагъ и автомобиль гъуэгур иджыблагъэ щызэрагъэпэщыжащ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.
А лэжьыгъэхэм хыхьэу къуажэ гъуэгур нэхъ бгъуэ ящIащ, асфальт лъабжьэм щIэлъа щIы мывалъэр зэрахъуэкIащ, къатитIу асфальтобетон абы тралъхьэжащ, псы ежэхыпIэхэр, Акъбащ кIэнауэм телъ лъэмыжыр зыхуей хуагъэзэжащ. Абы къыдэкIуэу, лъэс лъагъуэхэр яукъуэдиящ, къуажэдэсхэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хуэгъэза Iуэхухэри зэфIагъэкIащ - иджырей уэздыгъэхэр пкъохэм фIадзащ, автобус къэувыпIэхэр зэрахъуэкIащ, екIуэлIапIэхэр нэхъ тынш ящIащ, гъуэгу зэпрыкIыпIэхэр къыхагъэщхьэхукIащ, къэухьхэр, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэуващ.
Зи гугъу тщIа лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм ящыщу километр 70-м нэблагъэ щыIэ мардэм кърагъэтIэсэну я мурадщ. ИджыпстукIэ километр 55,9-м ехьэлIа лэжьыгъэхэр къанэ щымыIэу зэфIагъэкIащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.02.2025 - 12:25

100-м нэблагъэ

Сумо

18.02.2025 - 10:01

Хэт зыIэрыхьэнур дыщэр?

Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гуп нэхъыщхьэм и щIымахуэ чемпионатыр иухыным къэнэжар зы джэгугъуэ за­къуэщ. АрщхьэкIэ иджыри наIуэкъым абы и дыщэ медалхэр зыIэрыхьэнур.

18.02.2025 - 09:03

Бзылъхугъэ гуащIафIэм и щIыхькIэ

УсакIуэм и псэр

Зэи хъуркъым жьы –
Ар къалъху усакIуэу…
ГъащIэми хокIыж
Сабий гу пцIанэу, -
Къанэу и лъэужь. 
Зэгъэщтокъуэ Людэ

18.02.2025 - 09:03

Адэ шыпхъум сригъэхъуапсэри…

Налшык къалэ дэт, Тхьэзэплъыж ТIулэ и цIэр зезыхьэ, Дзэ узыфэхэм щеIэзэ республикэ поликлиникэм иIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.

18.02.2025 - 09:03

Зэи ящымыгъупщэн лIыгъэ

Урысейм и цIыхуу хамэ щIыпIэ щызэуахэм я фэеплъ махуэр ди къэралым и тхыдэм хэтщ, икIи щхьэусыгъуэ иIэщ Интернационалист зауэлIхэм мазаем и 15-р фэеплъ махуэ щIыхуа­щIам.