Краснодар крайм и Лазаревскэ щIыпIэм фокIадэм и 15 - 19 махуэхэм щызэхэтащ къэфакIуэхэм я XXII лъэпкъыбэ олимпиа-дэ. «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр яхъумэнущ!» зи фIэщыгъэ а Iуэху дахэр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Арткомитетым (и унафэщIыр Бейтыгъуэн Iэуесщ). Абы ехъулIэныгъэхэр щызыIэрагъэхьэу хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гуп зыбжанэ. Псалъэм папщIэ, «JamRaT» (Джамрат), «Дыгъэ шыр» (тIури Нарткъалэ ейщ), «Инармэс» (Шэджэм), «Псыгансу» (Псыгуэнсу) къэфакIуэ гупхэр.
ХъыбарыщIэхэм я нэхъыбэр къыщытщIэ интернетым сыщрихьэлIащ къэфэкIэ телъыджэ зиIэ, фащэ дахэ дыдэхэр къызыщылыдыкI хъыджэбз цIыкIухэм я видеохэм, сурэтхэм. Гъуэгум иригъэзэшауи, концертхэм гугъу щехьауи умыщIэну, хьэщIэщ пщIантIэр адыгэ джэгукIэ къэзыгъэпсалъэ хъыджэбз цIыкIухэм уахэплъэну гухэхъуэт. СыщыщIэупщIэм ипэкIэ зи цIэр зэхэзмыха «JamRaT» гупрауэ къыщIэкIащ. Хъыджэбз цIыкIу защIэу зэхэт лъэпкъ къэфакIуэ ансамблым и къызэгъэпэщакIуэр Теунэ зэщхьэгъусэхэу Джэмалрэ Радимэрэщ. ТелефонкIэ зыпысщIащ Радимэ икIи кIэщIу сыщигъэгъуэзащ я лэжьыгъэм, я Iуэху зехьэкIэм, зэпеуэм зэрыкIуа-зэрыхэтам.
- Къэфэныр сфIэфIу, абы сигури си псэри етауэ сыпсэуащ, къэфакIуэ гуп зыбжанэми сыхэтащ. Унагъуэ сихьа иужь, си щхьэгъусэри гъуазджэм и лэжьакIуэт, уэрэджыIакIуэти, мурад тщIащ уэрэд жыIэным, къэфэным щыхуэдгъасэ студие духуэну. Ансамбль абы къыхэтщIыкIынуи, утыкушхуэ дихьэнуи дигу къэкIыртэкъым, 2019 гъэм цIыкIухэр щызэхуэтшэсам. Гупым хэт хъыджэбз цIыкIу къызбгъэдыхьэу: «Адрейхэм хуэдэу дэри фестивалхэм, зэхьэзэхуэхэм дыхэтыну дыхуейт», - къыщызжиIэм, ди Iуэху бгъэдыхьэкIэм тIэкIу зедгъэхъуэжащ. Ди гъэсэнхэм ансамбль къахэтшыну мурад тщIыри, хореографие лэжьыгъэ купщIафIэхэр дгъэувыным зетпщытащ. Зэи тщыгъупщэжынкъым япэ къафэ- хэр гъэувыным, фащэхэр гъэхьэзырыным гугъу дызэрыдехьауэ щытар. Ауэ псори тщигъэгъупщэжащ ди сабийхэм зэуэзэпсэу цIыхухэр къызэрыдахьэхам. 2022 гъэм и кIэм ансамблыр (!) утыкум къыщитшар концерткъым, атIэ занщIэу зэпеуэщ. Гран-при саугъэтыр абы щыгъуэ къыщытхуагъэфэщам сытым хуэдиз гуфIэгъуэ диIат цIыкIухэми дэри! Тегушхуэныгъэшхуэ, гукъыдэжышхуэ диIэу иужькIэ Iуэхум пытщащ.
КъызэгъэпэщакIуэ куэдым дыкъащIэри, зэхыхьэхэм драгъэблагъэ хъуащ, ди сабийхэм я бжыгъэм хуэдитIкIэ хэхъуащ. Ансамблым и гуп нэхъыжьымрэ и гуп нэхъыщIэмрэ хэтми, иджыпстукIэ дгъасэми, псори зэхэту цIыху блыщIым нос ди къэфакIуэ цIыкIухэр. Абыхэм гъуазджэр апхуэдизкIэ я псэм хэлъщ, хуаIэт Iэгуауэм игъэгушхуэху яхузэфIэкIыр нэхъыбэж хъууэ къызэрокIхэ-ри, хуабжьу дагъэгуфIэ. Сыт хуэдэ зэпеуэ дыкIуами, ди гупыр зэрыщыIэ илъэс иримыкъу зэманым къэхъуакъым япэ увыпIэ, саугъэт лъапIэ къэдмыхьу. Ар я фIыщIэщ ди гъэсэнхэм, ди гукъэкIхэр сыт и лъэныкъуэкIи къыддэзыIыгъ адэ-анэхэм. ФIыгъуэу щыIэр къайхъулIэну ди гуапэщ!
- Сыт хуэдэ къафэхэмкIэ олимпиадэм и утыкум фыкъихьа, Радимэ?
- ЯпэщIыкIэ дгъэхьэзырауэ щыта къафитIри - «Хъыджэбз къафэ», «Адыгэ сюитэ» - дгъэзэщIащ. Абыхэм къадэкIуэу иджыри лэжьыгъэщIэу тIу здэтшат Лазаревскэм - «Гъатхэ къафэ», «Гуащэ гъасэ». «Гъатхэ къафэм» гъэщIэгъуэну хэлъыр нэхъ цIыкIу дыдэхэм я гуп зэхуэтшэсагъащIэм зэригъэзащIэрщ. НомериплIми япэ увыпIэхэр къыхуагъэфэщащ, тенджыз Iуфэм зыщаплъыхьыну Iэмал зиIэ ди ныбжьыщIэхэм я гукъыдэжыр нэхъри абы къиIэтащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм я фIэхъус, щытхъу псалъэ зэхэтхащ, ди сабийхэм яхузэфIэкIыр зэпеуэм и утыкум щагъэлъэгъуа иужьи, еш ямыщIэу къафэрт, джэгурт, дызыщIэс хьэщIэщым дыкъыщIрагъэхужынкIэ дышынэу (мэдыхьэшх). АрщхьэкIэ дыкъэзылъагъухэр къэувыIэурэ къыдэплъырт, ягу зэрырихьыр къыдагъащIэрт.
- АдэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр фиIэ?
- Лэжьэн, лэжьэн, адэкIи лэжьэн. Iэмал имыIэу къафэщIэхэр дгъэувынущ, Iэмал имыIэу фестивалхэм, зэхьэзэхуэхэм дыхэтынущ, Iэмал имыIэу ансамблым папщIэ сабийхэр дгъэсэнущ, дгъэхьэзырынущ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу къэфэным, гъуазджэм дихьэха сабийм цIыху Iей къызэримыщIыкIынур, аращи, адыгэ пщащэ лъэпкъыпсэхэр, бзылъхугъэ щыпкъэ цIыкIухэр къызэрыдгъэтэджыным яужь сыт щыгъуи дитынущ.
- Упсэу, Радимэ! Джэмалрэ уэрэ фи хъуэпсапIэ дахэхэр къывэхъулIэну ди гуапэщ!
Епсэлъар ИСТЭПАН Залинэщ.