ЖЭУАПЛЫНЫГЪЭР ЗЫХАЩIЭУ![]() ВидеозэпыщIэныгъэ Iэмалыр къигъэсэбэпу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Промышленнэ продукцэр хабзэр къызэпауду зегъэкIуэным пэщIэт къэрал комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер - УФ-м промышленностымрэ транспортымкIэ и министр Мантуров Денис. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ къаIэта IуэхугъуэмкIэ щIыналъэхэм щыIэ щытыкIэм, абыкIэ яхь жэуапым. Гулъытэ хэха хуащIащ промышленность псынщIэмрэ ерыскъыпхъэм пыщIа IэнатIэхэмрэ къыщалэжь продукцэр хабзэр къызэпауду зэрызэрагъакIуэм. Апхуэдэу щытепсэлъыхьащ пиротехникэ хьэпшыпхэр зэбгрыгъэкIыным ткIийуэ кIэлъыплъыпхъэу зэрыщытми. КъинэмыщIауэ, и гугъу щащIащ промышленнэ хьэпшыпхэр урысей сату IуэхущIапIэхэм, бэзэрхэм зэрыщащэ щIыкIэхэм якIэлъыплъынми адэкIэ нэхъри зегъэужьын зэрыхуейм. Хьэпшыпхэм ящыщу нэхъ ткIийуэ зыкIэлъыплъыпхъэхэм я бжыгъэм хагъэхъуэнущ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|