Къэбэрдей-Балъкъэрым жылапхъэ нартыхум и куэдагъым иужьрей илъэситхум тонн мини 3-кIэ хигъэхъуащ, ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ яIэу щытам нэхърэ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.
Республикэм и мэкъумэшыщIэхэр нартыху жылапхъэкIэ ирикъуу къызэрызэрагъэпэщам имызакъуэу – илъэсым зыхуеинур тонн мини 3,5-рэ мэхъу, - атIэ Урысейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми, хамэ къэралхэми ирагъашэ.
Республикэм къыщагъэкI нартыху жылапхъэр IэнатIэм къигъэув пщалъэхэми, лъэпкъ стандартхэм я мардэми къотIасэ, сертификатхэри яIэщ.
Унагъуэ фермэхэм грантхэр ират
Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, дызэрыт илъэсым унагъуэ фермэхэм УФ-м, КъБР-м я бюджетхэм къыхэкIыу, къэрал дэIэпыкъуныгъэм хыхьэу сом мелуан 52,6-рэ гранту иратащ.
Грантхэр къахьыну хуейуэ зэхьэзэхуэхэм хэтахэм ящыщу къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ялъысащ унагъуэ фермэу 8-м. Я уней IуэхущIапIэхэм зрагъэужьын папщIэ грант ахъшэу абыхэм хуаутIыпщащ ику иту сом мелуан 6,58-рэ зым къылъысу.
Ахъшэр я лицевой счетым щагъэкIуа махуэм къыщыщIэдзауэ мазэ 24-м къриубыдэу абыхэм ар къагъэсэбэпын хуейщ икIи ахъшэр зытрагъэкIуадэ хъунур, къащэхуну зыхуитыр унагъуэ фермэм зезыгъэужьыну техникэрщ, Iэмэпсымэхэрщ, н.къ.
Грантхэр тыным теухуауэ щыIэ хабзэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, ахъшэр зыхуаунэтIын хуейр лы, гъэш къэлэжьынырщ, а IэнатIэхэм зегъэужьынырщ.
Абы къыдэкIуэу, грант зратахэм къалэн зыщащIыжын хуейщ я лэжьыгъэхэр къуажэ щIыпIэхэм, е жылэ зыбжанэ зэпха щIыпIэхэм щрагъэкIуэкIыну, икIи грантыр къыщрата махуэм щегъэжьауэ илъэситху нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ абдеж щылэжьэну.
Апхуэдэу, грантыр къызэрырата илъэситху пIалъэм къриубыдэу, унагъуэ фермэм къыщIигъэкI продукцэм и куэдагъым илъэс къэс хигъахъуэ зэпыту екIуэкIын хуейщ, «Унагъуэ фермэ» проектым къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм тету.
БАТОКЪУЭ Албэч.