22 сентября, 2023 - 09:35
Сюрреализмым и сурэтыщI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ Дали Сальвадор и IэдакъэщIэкIхэм дамыгъэхэр сытым дежи IупщIу къыхощ. Дали дихьэхыу иджу щытащ психоанализ щIэныгъэр. И лэжьыгъэхэм щIагъыбзэкIэ хигъэпщкIуэфырт езым къигупсыс дамыгъэ щхьэхуэхэр. Дали и сурэтхэм, псом хуэмыдэу и щхьэгъусэ Галэ къыщыгъэлъэгъуахэм, къыхэщ хабзэщ мелыIыч. СурэтыщIым и дежкIэ ар зэпыщIэныгъэ быдэмрэ гухэлъ лъагэмрэ я дамыгъэт. Галэ абы дежкIэ уэгу къабзэмкIэ зи псэр ета цIыхут.
Дали щыцIыкIум пкIауэхэм щышынэрт. Иужьым абы жиIэжауэ щытащ и классэгъухэм ягъэшынэн щхьэкIэ и портфелым пкIауэ къыдадзэурэ ягъащтэу зэрыщытар. Къапщтэмэ, хьэпщхупщхэр сурэтыщIым и лэжьыгъэхэм куэдрэ къыхощ. Псалъэм папщIэ, хъумпIэцIэджхэр абы и дежкIэ гъащIэр зэрыкъутэгъуафIэм и нэщэнэу къалъытэрт абы и IэдакъэщIэкIхэм хэлъ щэхухэр зыджхэм.
КIэщI-кIэщIурэ Дали Сальвадор и IэдакъэщIэкIхэм къыхигъэхьэрт щIакхъуэ. Гъуазджэрыхутэхэм зэрыхуагъэфэщамкIэ, ар сурэтыщIыр тхьэмыщкIагъэмрэ гъаблэмрэ ящышынэу зэрыщытам и нэщэнэщ.
Сюрреалистым куэдрэ къигъэлъагъуэрт пылхэмрэ шыхэмрэ. Абыхэм я лъакъуэхэр псыгъуабзэу ищIырт, лъэгуажьэтес я куэдт. Пыл, шы абрагъуэхэр тепщэныгъэм и дамыгъэт. Лъакъуэхэр махэрэ псыгъуэу къызэригъэлъагъуэм къикIырт игъащIэкIэ я лъэр ягъэбыдауэ зэ еплъыгъуэкIэ къыпфIэщIми, къулыкъумрэ тепщэныгъэмрэ зэгуэр тыншу я лъэр зэрыщIэщIэфынур.
ГъэщIэгъуэнщ, Дали и лэжьыгъэхэм ящыщ куэдым цIыху Iэпкълъэпкъым къыдэгъэжыпIэхэр иIэу зэрищIар. А дамыгъэр сурэтыщIым Фрейд цIыхум гупсысэ гъэпщкIуахэр зэриIэм триухуа лэжьыгъэхэм тритхыкIащ. Дали а къыдэгъэжхэмкIэ иджыри къигъэлъагъуэрт цIыхум и гукъэкIыжхэм зэразыщимыхъумэфыр.
ГЪУЭТ Синэ.