АДЫГЭБЗЭР ФХЪУМЭ!Илъэсым зэ-тIо къуажэм сокIуэжри, тхьэмахуэ хуэдиз сыщыIэщ. Иджыи, махуитI-щы хъуащи къуажэмкIэ сыщыIэщ, Узуняйлэ жылагъуэм и адрей адыгэ къуажэхэми сахуэзэу... Илъэс 40 хуэдизкIэ узэIэбэкIыжмэ адыгэхэр Тыркум жылагъуэ жылагъуэу адыгэ защIэу къуажэхэм дыщысхэт. ЦIыкIу-ин псори адыгэбзэкIэт дызэрызэпсалъэр, тыркубзэ зыцIутI жыпIамэ къыхэмыхуэу. АрщхьэкIэ нобэ адыгэбзэ зыщIэ цIыкIу Тыркум исыжкъым, адыгэбзэ зыщIэхэми кIуэху хощI. Абы щыгъуэ ди пщIыхьэпIэ къэкIакъым адыгэбзэр тIэщIэхуну, егъащIэм ар диIэн тфIэщIащ. Хъунур хъуа нэужь къэралым еджапIэхэм хуейм адыгэбзэ дерс урок идот жари зыгуэр къаублами абыи къикIыныщэ щыIэкъым. Хэкум исхэращ мыхэр щIыжысIэри, мыр Хэкущ, ди къуажэхэм, ди хьэблэхэм адыгэбзэр щызокIуэ, мыбы адыгэбзэр щыкIуэдынкъым жыфIэуэ абы фыщымыгугъущэ, абы фремыгъэбэлэрыгъ. Iэмал зэрывгъуэткIэ, хуей-хуэмей жывмыIэу цIыкIухэр еджапIэхэм адыгэбзэ щевгъаджэ, адыгэбзэкIэ щIэныгъэ зэрыщаджыным, адыгэбзэм къэралым утыку зэрыщигъуэтынум фыхущIэкъу. Хэкум исхэм фэ нэхъ фщIэнщ фи Iуэху зытетыр, дэ дыкъыхэпсэлъыхьыну абы щыщыIэкъым ауэ дэ ди нэгуэ щIэкIахэм тIэкIу щыгъуазэ фытщIынущи аращ мыхэр къыщIэтпсэлъыр. Тэгъуланхэ Екъуб
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|