Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Къэрал лъэпкъ библиотекэм тхылъ щеджэ и пэшым, НыбжьыщIэхэм я библиотекэу Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм, ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ Сабий библиотекэм мы махуэхэм зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щекIуэкIащ совет усакIуэ, прозаик, публицист, зэдзэкIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, Дагъыстэн АССР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхь-кIэ.
Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ библиотекэм и лэжьакIуэхэм къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ Гамзатовым и гъащIэмрэ гуащIэмрэ икIи зэхыхьэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэща «Я разным был, как время было разным» тхылъ дапхъэм тетхэм яхутепсэлъыхьащ. Абы хагъэхьащ Гамзатовым и тхылъхэу бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къыдагъэкIахэр. «Журавли» усэм, Френкель Ян макъамэ щIилъхьэу уэрэд цIэрыIуэ хъуам, и тхыдэм, ар Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъ зэрыхъуам къытеувыIащ. ХьэщIэхэр ирагъэдэIуащ Кобзон Иосиф плёнкэм тригъэтхауэ щыта а уэрэдым.
КъБР-м щылажьэ дагъыстэн лъэпкъ щэнхабзэ центрым и унафэщI, республикэм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Сурхайханов Ибрэхьим зэхыхьэм хэтхэм ехъуэхъуащ Гамзатов Расул къыщалъхуа махуэмкIэ икIи псоми захуигъэзащ мы гъэр усакIуэм и илъэсу зэрагъэувам и щIыхькIэ, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIыну зэхыхьэ гуапэхэм хэтыну.
Дагъыстэн республикэм и Правительствэм и жылагъуэ лIыкIуэу КъБР-м щыIэ Гереков Магомедрасул игу къигъэкIыжащ Гамзатовым и гъащIэм щыщ теплъэгъуэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр фIыуэ илъагъуу зэрыщытари къыхигъэщащ икIи къеджащ «Журавли» усэм. Зэхыхьэр къызэзыгъэ- пэщахэм абы фIыщIэ хуащIащ я лъэпкъэгъу усакIуэм и фэеплъыр зэращымыгъупщэмрэ пщIэ зэрыхуащIымрэ папщIэ.
Жылагъуэ лэжьакIуэ, литератор, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Болатов Юруслан къытеувыIащ Гамзатов Расул и щIыхькIэ къызэрагъэпэща зэхыхьэ гукъинэжхэм. Апхуэдэхэм ящыщщ Дагъыстэным щекIуэкIа «Белые журавли» фестивалыр. Абы хыхьэу ирагъэблэгъа-хэр щыIащ Гамзатовыр щыпсэуа унэм. Болатовым къыхигъэщащ ар зэкIэ музей зэрымыхъуар, усакIуэшхуэм и фэеплъхэр Мэхъэчкъалэ, Истамбыл пэмыжыжьэу зэрыщагъэувар.
КърихьэлIахэр еплъащ «Горный род-ник» къэфакIуэ гупым хэт Аттоевэ Аидэ игъэзэщIа къафэм. Гамзатовым и усэхэм ящыщу нэхъыфIу ялъагъухэм къеджащ къызэхуэсахэр. Зэхыхьэм хэтащ республикэм и тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ, дагъыстэн диаспорэм щыщхэр, «Япэ итхэм я зэщIэхъееныгъэ» щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм хэтхэр, КъБКъУ-м и педколледжым, «УхуакIуэ» колледжым я студентхэр, Налшык и курыт еджапIэхэм щIэс- хэр.
НыбжьыщIэхэм я библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ «Вся жизнь моя в стихах…» литературэ пшыхьыр. ЗэIущIэм щыжаIахэр къызэщIэпкъуэжмэ, нэхъыщ- хьэу къыхагъэщащ, Дагъыстэн щIыналъэм и мызакъуэу, ар дуней псом къызэрыщацIыхуар, и тхыгъэ купщIафIэ-хэр къэрал куэдым зэрыщызэIэпахыр.
ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ библиотекэм щекIуэкIащ «Поэт страны гор» литературэ-макъамэ пшыхь гуапэр. Абы хыхьэу Налшык къалэм и курыт еджапIэ №23-м щIэсхэм ягу къагъэкIыжащ усакIуэм и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Библиотекэм и лэжьакIуэхэм ягъэува «Расул Гамзатов - певец добра и человечности» тхылъ дапхъэм еплъащ кърихьэлIахэр.
ЗэIущIэм хэтащ икIи къыщыпсэлъащ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIэлип, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт, лъахэхутэ, тхылъ тедзапIэм и унафэщI, тхакIуэ Котляровэ Марие.
Беппаевыр ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ екIуэкIыну дауэдапщэхэм хэтыну дагъыстэн щIыналъэм ирагъэблагъэу зэрыщыIам, абы иращIэкIа зэхыхьэхэм. МутIэлип ныбжьыщIэхэм захуигъэзащ Гамзатовым и IэдакъэщIэкIхэм еджэну, абыхэм ящIэлъ гъэсэныгъэм, лъапIэныгъэхэм гу лъатэ- ну. Беппаевыр еджакIуэхэм къахуеджащ Гамзатовым хуитха усэм.
Котляровэ Марие къытеувыIащ Гамзатов Расул и щIыналъэр, и унагъуэр, и анэдэлъхубзэр фIыуэ илъагъуу зэрыщытам. Апхуэдэу ныбжьэгъугъэр зэригъэлъэпIари щIигъужащ. Зыхилъхьэ щымыIэ и анэдэлъхубзэмкIэ тхэ усакIуэм фIэтелъы- джэт Пушкиным, Лермонтовым, Есениным я Iэдакъэ къыщIэкIахэр.
Гамзатов Расул къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум къыпызыщэт Шэджэм къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ и унэ-музейм щекIуэкIа зэхыхьэр. Абы къыщызэрагъэпэщащ «ХX лIэщIыгъуэм и усакIуэхэр» выставкэр, Гамзатов Расул, Кулиев Къайсын, нэгъуэщIхэми я усэхэр зи лъабжьэ уэрэдхэм я концерт. Абы хэтащ «Кредо» театрым и артистхэр.
Тхыгъэри сурэтхэри
ТЕКIУЖЬ Заретэ ейщ.