ДЖЫНАСУМ ТЕУХУАУЭ

Джынасур гъущIхэкI хьэлъэщ, дыжьыныфэ-хужьыфэщ. Техникэм, промышленностым, мэкъумэш IэнатIэм куэду къыщосэбэп. ГъущI лIэужьыгъуэхэм ящыщу джынасумрэ бромымрэ я закъуэщ унэ температурэ щаIыгъым деж ткIуаткIуэ хъур.

Джынасур цIыхухэм яцIыхурт ижь зэман лъандэрэ. Сыту жыпIэмэ, абы щIыуэпсым ущрихьэлIэрт бгылъэ лIэужьыгъуэхэм яхэлъу. Ауэ ар нэхъыбэу къыхахырт «киноварь» жыхуаIэ минералыр ягъажьэурэ. Джынасу ткIуаткIуэм и бахъэр егъэлеяуэ зэранщ, урибауэ хъунукъым. Пасэрей алыджхэм ар къагъэсэбэпу щытащ дыщэр ирагъэкъабзэу. Пасэрей IэпщIэлъапщIэхэм джынасур къагъэсэбэпурэ гъущIыкIэ зэхэлъхэм къыхагъэкъэбзыкIырт дыжьын, дыщэ, дыщэ хужь, нэгъуэщIхэри. Абы йоджэ «амалгамациекIэ». А Iэмалырщ европейхэм дыщэрэ дыжьынрэ Америкэ Ипщэм куэду къыщыщIахынымкIэ нэхъыщхьэу сэбэп къахуэхъуар.

Джынасум и латин фIэщыгъэу щыIэщ «Hydrargyrum» псалъэр. Элементым папщIэ къагъэсэбэп «Mercury» псалъэри. Ар пасэрей урым тхьэпэлъытэ Муркурий и цIэкIэ игъуэта фIэщыгъэщ.

Джынасур пасэ лъандэрэ яцIыхуу щытами, ар гъущIыкIэхэм зэращыщыр къэзыхутар Ломоносов Михаилрэ Браун Иосифрэщ. 1759 гъэм абыхэм ар ягъэщтри яджащ.

Джынасур шынагъуагъ зыхэлъ химическэ пкъахуэу зэрыщытым къыхэкIыу, ар псым хэбутIыпщхьэныр зэраныгъэшхуэщ. Абы щыгъуэм къоунэхур нэхъри нэхъ зэраныгъэ зиIэ гъущIыкIэ. Ар псым тыншу хэзэрыхьыфынущ.

Индустрие революцэм и зэманым джынасур дызэрыбауэ хьэуам куэду къыхыхьа хъуауэ щытащ. А химическэ элементыр хьэуам хэтынымкIэ щхьэусыгъуэ мэхъу къэбэкъауэхэр къызэриур. Джынасур хьэуам къыхохьэри, щIыми тогъуэлъхьэж фIамыщI щагъэскIэ, дыщэ къыщыщIахкIэ, гъущIыкIэ зэмыфэгъухэр щагъавэкIэ, цемент щащIкIэ.

Джынасур узыншагъэмкIэ зэран хъу пэтми, 1970 гъэ пщIондэ ар медицинэм къыщагъэсэбэпу щытащ хущхъуэхэлъхьэу, антисептикэ мыхьэнэ иIэу. Ди зэманым апхуэдэ щIыкIэкIэ къагъэсэбэпыжыркъым, термометрым илъу фIэкI. Мэкъумэш Iуэхум джынасур къыщагъэсэбэп пестициду.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.

07.08.2026 - 11:32

«Зэманымрэ ахъшэмрэ»

КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Черкесск и сурэт галереем къыщызэIуахащ республикэм щыIэ Лъэпкъ банкым и къудамэм къызэригъэпэща «Зэма­нымрэ ахъшэмрэ» гъэлъэгъуэныгъэр. 

07.08.2026 - 09:26

Зы медаль итарихъ

Адыгэ лъэпкъыр «пкъырыпкъэу зыщызэбгыратхъыгъэ» заор заухыгъэр илъэси 162-рэ хъугъэ.

06.08.2026 - 14:37

Къэралым и чемпион Шэрий Иналбэч

Москва областым и Одинцовэ щIыпIэм щекIуэкIащ спорт бэнэкIэмкIэ Урысей Федерацэм и зи чэзу чемпионат.

06.08.2026 - 11:36

Тхылъ плъыжьхэр я Iэрылъхьэщ

Урысей Федерацэм щIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщ­хьэмкIэ и министерствэм щIалэгъуалэм ядэ­лэ­жьэ­ным­кIэ IэщIагъэ зрагъэгъуэ­ту магистратурэмрэ бакалавриатымрэ тхылъ плъыжь­кIэ къэзыухахэм Иужьрей урыс