Медицинэм и иужьрей псалъэ

•Австралием щыщ, илъэс 74-рэ зи ныбжь Харрисон Джеймс 1000-м щIигъурэ лъы итащ. Абы и лъыр апхуэдизкIэ телъыджэу зэхэлъщи, гъущIыр къызэмэщIэкIыу, сымаджэ хьэлъэу ­дунейм къытехьа сабий цIынэхэр ажалым кърегъэл! Хар­рисон илъ зыхакIа сабий мелуанитIым щIигъу дунейм тетщ нобэкIэ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Джеймс и лъым антитела лъэщхэр хэлъщ, узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр игъэужьыхыу. 
•Сабийр зыщышынэр лъагапIэ къехуэхынымрэ макъыш­хуэмрэщ. Адрей псоми - бэджым, хьэм, блэм, хьэпщхупщым, къинэмыщI псэущхьэхэмрэ къэхъукъащIэхэмрэ - щышынэныр къызыхихыр цIыхухэм дилъэгъуа е зэхиха Iуэхугъуэхэрщ. КIэщIу жыпIэмэ, шынэу ягъасэу аращ. 
•«Къэрабгъэр шампанскэ ефэркъым» псалъафэр къызытекIар фщIэрэ? КъызэрыщIэкIымкIэ, а фадэ лIэужьыгъуэр щахъумэ щIы унэм уехыныр дзыхьщIыгъуэджэт. Сыту жып­Iэ­мэ, шампанскэр зэрыт птулъкIэхэм газыр куэду щызэ­хуихьэса нэужь къауэ я хабзэти, ар къыдэзыхьеину еххэм фэбжь ­ягъуэтырт. Апхуэдэ щIэщхъур зыбжанэрэ къэхъуа нэужь, абджыпс къауэм ущызыхъумэ щыгъынкIэ захуапэу ­къаублащ. 
•Мысырым щыщ студентыр экзаменхэр «фIы дыдэу» зэритам щыгуфIыкIыурэ… илIыкIащ. ЗэрыжаIэмкIэ, щIэныгъэм гурэ псэкIэ ета щIалэм экзаменхэр псори иту, и тхылъыр къы­щыIэрыхьэжам, и ехъулIэныгъэхэм егъэлеяуэ щыгуфIыкIати, асыхьэту и гур зэгуэудащ. 
•ЦIыху Iущхэм зэрыIущыр ящIэркъым, делэхэм губзыгъэIуэу закъыщохъуж. Абы зэреджэр Даннинг-Крюгер и эффектщ.
•ЦIыхум нэхъ насыпыфIэу зилъытэжыху нэхъ мащIэрэ мэжей. Насыпыншэхэр куэдрэ жеймэ, замыщIэжмэ, зэмыгуп­сы­сыж­мэ нэхъ къащтэ. 
•Тыркум щыщ фермер гуэрым и жэмхэм VR-нэгъуджэ яIуилъ­хьащ, мэкъум ипIэкIэ хъупIэ щхъуантIэхэр, къущхьэхъу хуит­-хэр ялъагъун папщIэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, абы иужь жэмхэм ­къат гъэшым процент 22-кIэ хагъэхъуащ, я пIейтеинри нэхъ мащIэ хъуащ. 
•Дэтхэнэ цIыхуми и Iэпкълъэпкъым хэлъщ «Т-клетки» жыхуа­Iэр. Ар уз зэрыцIалэхэм дыщызыхъумэрщ. Ахэр цIыхум къып­пкърыпхыну яужь уихьэми, махуэ зыбжанэ фIэкIа мыпсэууэ мэкIуэдыж. Аращи, къызэрыунэхури зэрылажьэри яджыну ­Iэмал щыIэкъым, абы къыхэкIыуи, лабораторэм къыщагъэ­щIыну дапщэрэ зрапщытами, зыми къехъулIакъым. Ауэ, University of California Los Angeles (UCLA) университетым и ­биоинженер гупым иджыблагъэ къагъэщIащ Iэпкълъэпкъым пкърылъ Т-клеткэхэм хуэдэпс. ЗэрыжаIэмкIи, а IэрыщI ­клеткэхэр «щIагъэна» нэужь уз зэрыцIалэхэмрэ лышх налъэ­хэмрэ «зрадзри, зэтраукIэ». 
•Дызэрыщыгъуазэщи, лъы гуп зыбжанэ щыIэщ. Зыр адрейм щыхэпкIэ щымыхъури нэхъыбэщ. Аращи, сытым дежи хьэзыру щылъын хуейщ псоми къезэгъыу лъы лIэужьыгъуэ гуэр. ЩIэныгъэлIхэм куэдрэ къалъыхъуащ хэкIыпIэ. ДызэригугъэмкIи, къагъуэтащ. Сыту жыпIэмэ, Британ Колумбием и университетым и къэхутакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхум и кIэтIийм ис бактерие лIэужьыгъуэ гуэрым и фIыгъэкIэ, сыт хуэдэ лъы лIэужьыгъуэри вэгъзэгъ пхуощI. КIэщIу жыпIэмэ, а бактерие­хэм лъыр (0-) ящI. ЦIыхум щхьэусыгъуэ зэхуэмыдэхэм къа­хэкIыу лъы фIэкIуэдрэ, ар псынщIэу гъэнщIыжын хуеймэ, (0-) хэпкIэ хъунущ, ар псоми къозэгъри. 
•ЩIэныгъэлIхэм лъы налъэхэр къащтэри, куцI псантхуэ налъэ къыхащIыкIащ CRISPR ген терапием и фIыгъэкIэ. Ныбэ ­ихъуагъащIэ сабийм и щхьэкуцIымрэ псантхуэхэмрэ къызэ­ригъэщIым хуэдэщ ар. Къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIащ ­Германием онкологиемкIэ и IуэхущIапIэхэм я зым. Абы и ­фIыгъэкIэ узыфэ шынагъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэд яхуэгъэ­хъужынущ дяпэкIэ. 
•2018 гъэм китай биолог Цзянькуй Хе жиIауэ щытащ зи генхэр зэпэщ ящIа хъыджэбз цIыкIу зэтIолъхуэныкъуэхэр дунейм къызэрытехьэнур. А хъыбарым куэд къигъэуIэбжьат. CRISPR технологием и фIыгъэкIэ ВИЧ, лышх узыфэ шынагъуэ зэ­мыуэлIэн сабийхэр дяпэкIэ къызэралъхуфынур я фIэщ мы­хъуу, щIэныгъэ дунейр къызэщIэIэтащ, псалъэмакъышхуэхэр къикIащ. Сыту жыпIэмэ, нэхъапэIуэкIэ, ген инженериемкIэ къэхутэныгъэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэу щыщытам, цIыху зыбжанэ къаIэщIэлIати, мы унэтIыныгъэр къызэтрагъэувыIэпэну хэтащ. Апхуэдэу, китай биологым ирихьэжьэжа Iуэхур къыIу­рагъэупщIыIуащ, ауэ абы щIэщыгъуэ гуэр къигъэщIами е мы Iэмалыр иригъэфIэкIуами зыми ищIэркъым. 
•Физиологиемрэ медицинэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къызэрагъэлъэгъуам папщIэ, Нобел и саугъэтыр яхьащ Эллисон Джеймсрэ Хонко Тасукурэ. А тIум къыхалъхьа Iэмалым утеп­сэ­лъыхьмэ, цIыхум къефыкI лышх лIэужьыгъуэм елъытауэ и иммунитетыр къызэщIагъэушэурэ, Iэпкълъэпкъыр езыр узым ирагъэбэнынуращ. 
Фырэ  Анфисэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.10.2024 - 09:03

ЩIалэхэр нэхъыбэщ

МЕЙКЪУАПЭ. ФокIадэм Адыгейм и къалащхьэм къыщалъхуащ сабий 259-рэ: 140-р щIалэ цIыкIуу, 119-р хъы­джэбз цIыкIуу. Абыхэм зэтIолъхуэныкъуэу 5 къахэкIащ.
 

10.10.2024 - 09:03

Еджэныр япэщ, спортыр итIанэщ

Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием тхэквондом зыщыхуезыгъасэу щыIэ ди щIалэр къэсшэжыну сыкIуауэ, топджэгу губгъуэмкIэ занщIэу сунэтIат, сабий джэгухэм сахэплъэну.

10.10.2024 - 09:03

Эриду и къежьапIэр

ЕтIуанэ Iыхьэ.

09.10.2024 - 12:25

ШэхэкIхэм я фIагъыр

ЧЕРКЕССК.

09.10.2024 - 09:03

Бэкъанрэ Ныбэджейрэ - Натхъуэдж хэгъэгут

«АтIэкIум» цIэр зэрехьэ хы ФIыцIэм пэгъунэгъу мэзылъэ бгыщхьэхэм къыщежьэ Бэкъан (цIыхухъуцIэщ), Ныбэджей (кIахэ адыгэхэм я бзэкIэ «бгъэжь лъыиф, хьэщ­хьэрыIуэ» жыхуиIэщ) псы цIыкIуитIыр щызэхэ­лъэ