«Нурыр» топсэ «Дыщэ жыгым»

Мейкъуапэ щекIуэкIа «Адыгейм и вагъуэ цIыкIухэр» зи фIэщыгъэ 14-нэ дунейпсо адыгэ фестивалым адыгэ сабий зэчиифIэхэр зэхуишэсат. 

Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Хьэбэз къуажэм и «Дыщэ жыг» сабий теат­рыр а зэхьэзэхуэм иджы япэу хэтащ икIи щытекIуащ. Ар и фIыщIэщ текIуэ­ныгъэ къэзыхьа джэгуакIуэхэр зыгъэ­хьэзыра, гупым и унафэщI, зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт цIыху гумызагъэ   Адзын Мадинэ.
«Нур» журналым къытехуахэм ящыщу Мадинэ къыхихащ Аброкъуэ Беллэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIа тхыгъитI: Чуковс­кий К.И. и «Цыкъэцыкъэ бадзэмрэ»  («Нур» №11, 2018-м тетащ) Пушкин А.С. и «Пащтыхьыпхъу лIамрэ пелуаниблымрэ я псысэ» таурыхъымрэ («Нур» №7, 2017).  Адзын Дисанэ «Цыкъэцыкъэ бадзэм»  дахащэу гукIэ къеджэри япэ увыпIэр   къ­ы­хуагъэфэщащ, Езауэ Данэ «Пащ­тыхьыпхъу лIамрэ пелуаниблымрэ я псысэм» гъэхуауэ къеджащ, зэхьэзэхуэм и етIуанэ увыпIэри къихьэхуащ.
«Дыщэ жыг» гупыр зэрызэхыхьэрэ илъэсищ хъууэ аращ, ауэ ехъулIэныгъэ я куэдщ. Ахэр нэгъабэ КъШР-м щекIуэкIа «Кавказские самоцветы» республикэ зэпеуэм щытекIуащ. Мы гъэми КъБР-м щекIуэкIа «Шемякинская весна» 14-нэ дунейпсо фестивалым пашэ щыхъуащ. 
«Дыщэ жыг» гупым екIуалIэ сабийхэм лъагапIэшхуэхэр къапэщылъщ, ар ди фIэщ ящIащ зэман кIэщIым къриубы- дэу зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмкIэ. Дэри ди гуапэу дохъуэхъу ди «Нурыр» ятепсэу, я адыгэбзэр бзэрабзэу, дагъэгушхуэу а ныбжьыщIэ цIыкIухэм дяпэкIи куэдрэ дагъэгуфIэну!
Къашыргъэ  ФатIимэ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.06.2025 - 09:03

ГуфIэгъуэ дауэдапщэ

Налшык, ХьэтIохъущокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет унэхэм я зым и пщIантIэм  щекIуэкIащ Къурмэн махуэм иращIэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэр. 

11.06.2025 - 09:03

ЩIэблэр щIапIыкI

Хэку зауэшхуэм и илъэс хьэлъэхэр кIуэ пэтми тпэIэщIэ мэхъу, ауэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэр, къагъэлъэгъуа хахуагъэр, къалъыкъуэкIа къару мыкIуэщIыжыр дапщэщи фэеплъ лъапIэу къыддокIуэкI.

11.06.2025 - 09:03

IэщIагъэмрэ щыIэныгъэмрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр университетым IэнатIэхэм зегъэужьынымкIэ и центрым зыбжанэ лъандэрэ лэжьыгъэ хъарзынэ ирегъэкIуэкI, еджапIэ нэхъыщхьэр къэзуха ныбжьыщIэхэр лэжьыг

10.06.2025 - 09:03

АдэкIи апхуэдизрэ екIуэкIмэ

УФ-м Мэкъумэш хозяйст­вэмкIэ и министерствэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм къарикIуахэм щы­теп­сэлъыхьым а IэнатIэм и уна­фэщI Лут Оксанэ жиIащ Iэ­щымкIэ, джэдкъазымкIэ, гъэшымкIэ хэхъуэ зэраIа

10.06.2025 - 09:03

Тэрч щIыналъэм щызэхуос

«Тэрч Олимп» спорт комплексым щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Ар ирагъэхьэлIат Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм.