МэкъумэшыщIэхэм я урысейпсо зэхуэсым зеубгъу

ФокIадэм и 5-6-хэм Тулэ къалэм ще­кIуэкIащ Урысей Федерацэм и мэкъумэш-промышленнэ комплексым хыхьэу хьэрычэтыщIэ Iуэхухэм зыщегъэужьыным, жылагъуэхэм къэрал гулъытэ зэгъэуIуауэ егъэгъуэтыным, кооперацэм дэIэпы­къуным теухуа зэIущIэ. Ар къызэрагъэ-пэщащ «Лъэпкъ фермер» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ, Тулэ областым и губернаторым и администрацэмрэ УФ-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэмрэ къыдаIыгъыу. 

Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ икIи къыщыпсэлъащ Къэбэрдей-Балъэкъэрым и «Агросоюз КБР» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ «Лъэпкъ фермер» зэгухьэныгъэм         и къудамэу КъБР-м щыIэмрэ я унафэщI, агроблогер Теунэ Мурат. 
ЗэIущIэм нэхъыбэу гулъытэ щагъуэтащ мэкъумэшым епхауэ хьэрычэтыщIэ IуэхущIапIэ мащIэхэмрэ курытхэмрэ къызэIуха зрыхъунум, уней мэкъумэшхэкIыр лъэпощхьэпо хэмыту щэхуакIуэхэм (тыкуэн-хэм) я деж нэгъэсыным, абыхэм я уасэ­хэм, ­хуэгъэкIуатэ зыхэлъ кредитхэмкIэ                             мэ­къумэшыщIэхэм ядэIэпыкъуным, къэрал гулъытэ (субсидие, лизинг) ягъуэтыным ехьэлIэ Iуэхугъуэхэм, нэгъуэщIхэми.
Теунэ Мурат къызэрыджиIамкIэ, зэхуэсым хэтахэр арэзы техъуащ иджы къызэрагъэпэща, хьэрычэтщIакIуэ цIырыIуэ Сирота Олег зи пашэ, «Лъэпкъ фермер» зэгухьэ­ныгъэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм. Псалъэм папщIэ, абы и жэрдэмкIэ иджыблагъэ за­конопроектитI къащтащ. Япэр зытеухуар фермерхэм къащэхун хуэмейуэ щIы иратынымрэ мэкъумэшым хухаха щIыр бэ­джэнду къэзыщтауэ, ауэ ахэр тэмэму къэ­зы­мыгъэсэбэпхэм къаIехыжа зэрыхъу­нымрэщ. Апхуэдэуи зэIущIэм щытеп­сэ­лъыхьащ «Агростартап» къэрал грантыр къеIыхыным ехьалIа Iуэхугъуэхэр гъэп­сын­щIэным пыщIахэм. 
«Иджыпсту зэманым зихъуэжащ. Зыри умыщIэу къэралым ущыгугъыу ущыскIэ уи Iуэхур дэкIынукъым. Зи лэжьыгъэр зыгъэкIуэтэну, хьэрычэтыщIэ хъуну хущIэкъу­хэм жылагъуэ зэгухьэныгъэр хьэзырщ чэнджэщкIи Iуэху пыухыкIакIи дэIэпыкъуну, къэрал IуэхущIапIэхэм дэфтэрхэр щыпхагъэкIыну. Псом япэ игъэщыпхъэщ хуэ­мы­щIауэ псэухэр, уней IуэхущIапIэ зэтезыублэну хущIэкъухэр. Апхуэдэхэм щхьэкIэ лэжьэнущ хьэрычэт щIэным ехьалIауэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт центрхэр», - къыхигъэщащ  Теунэ Мурат. 
«Лъэпкъ фермер» зэгухьэныгъэм и жэр­дэм­кIэ иджы зэхыхьа мы зэхуэсыр и мы­хьэнэкIэ, и инагъэкIэ ещанэщ, икIи абы и мурадщ мыпхуэдэ зэIущIэхэр къэралым и федеральнэ округ псоми щригъэкIуэкIыну. 
ЗэIущIэм къыщыпсэлъа хьэрычэтщIа­кIуэ Сирота Олег къызэрыхигъэщащи, цIыхухэр къуажэм епшэлIэжыну гугъущ, ауэ ахэр абы щызэтепIыгъэну нэхъ гугъужщ. АтIэ жылагъуэхэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэбгъэпэщу щытмэ, ущыпсэуну къуажэм нэхъыфI щIыпIэ щыIэкъым.

Хьэщыкъуей Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.