АРУАН КЪУАЖЭМ ДЭТ ЕДЖАПIЭР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

Аруан (Мысостей) къуажэм дэт, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэр щIэгъэхуэбжьауэ зэрагъэпэщыж мы махуэхэм. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ, дызэрыт илъэсым унэр зыхуей хуагъэзэжын, и кIуэцIыр къагъэщIэрэщIэжын хуейуэ къапэщылъщ.
Къуажэ еджапIэр 1962 гъэм яухуауэ щытащ. ЕджакIуэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуам къыхэкIыу, 1985 гъэм абы къыпащIыхьыжри, сабий гъэсапIэр щIагъэтIысхьауэ щытащ. IуэхущIапIэр цIыху 680-м ятещIыхьащ, пщэдджыжьми шэджагъуэми зэблэкIыу еджэныгъэр щекIуэкIыным хуэгъэпсащ. ЕджапIэм и унафэщI Къардэн Иринэ зэрыжиIамкIэ, 1985 гъэ лъандэрэ абы и кIуэцIыр зэрахьа фIэкIа, унащхьэри, бжэ-щхьэгъубжэхэри, псыр зэрыжэ бжьамийри зэрахъуэкIатэкъым. Къапщтэмэ, зэзыгъэпэщыж лэжьыгъэхэр еджапIэм япэ дыдэу щекIуэкIыу аращ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм зэхилъхьа программэм ипкъ иткIэ къуажэ еджапIэр зэрагъэпэщыжын хуейхэм хеубыдэ, щIыналъэ бюджетым къыхэкIыу абы сом мелуан 66-рэ хуэдизи трагъэкIуэдэну хухахащ.
Мы пIалъэм къриубыдэу еджапIэм и щхьэр, бжэхэмрэ щхьэгъубжэхэмрэ зэрахъуэкIащ, пэшхэм я лъэгу щар кърахри, щIэ ирадзыжащ, уэздыгъэ зэрыкIуэ кIапсэхэр, бжьамийхэр щIэуэ щIашэжащ, унэ кIуэцI блынхэр зэрахьащ. Къэнэжар еджапIэм и IуплъапIэр къэгъэщIэрэщIэжынырщ. Абы программэм щыщ сом мелуан19 трагъэкIуэдэнущ.
«Сабийхэр зыщIэсыну еджапIэ кIуэцIым и Iуэхур зыхуей хуэгъэзэныр и кIэм нэсу жыпIэ хъунущ. Гъэ еджэгъуэщIэр еджапIэм дыщIэсу едгъэжьэжыну ди гугъэщ. Апхуэдэу щыт пэтми, къэрал программэм тхухиха мылъкур еджапIэр зыдэт пщIантIэ кIуэцIыр гъэдэхэным, тетIысхьэпIэхэр гъэувыным, нэгу зыужьыпIэхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ дэщIыхьыным, жыгыщIэхэр гъэтIысыным теухуауэ зэрыщымытым къыхэкIыу, ахэр еджэгъуэщIэм ирихьэлIэу тхузэгъэпэщыну къыщIэкIынкъым. Ауэ ди гугъэщ а къэнар зэдгъэхъулIэн папщIэ, нэгъуэщI программэ дыхыхьэну», – жиIащ Къардэн Иринэ.
Абы къищынэмыщIауэ, еджапIэм щIэтыну унэлъащIэхэр зэрагъэпэщыным сом мелуанибл хухахащ. «Илъэс куэд лъандэрэ зэрамыхъуэкIыу еджапIэм щIэта унэлъащIэ тIорысэхэр программэм ипкъ иткIэ зэтхъуэкIыну Iэмал диIэ хъуащ, ди гуапэ зэрыхъунщи. Пэшхэм я нэхъыбэр абыкIэ къызэдгъэпэщащ, арэзы утехъуэу зэIузэпэщ тщIаи яхэтщ. Дызыхуэныкъуэну тхылъхэри къэтщэхуащ», – къыхигъэщащ Къардэным.
ЕджапIэр зэгъэпэщыжыным теухуауэ ухуакIуэхэм иращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, лэжьыгъэхэр 2023 гъэм и шыщхьэIу мазэм зэфIэкIын хуейщ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ