АДЫГЭ ФАЩЭР ЯЩЫГЪЫУ КЪЫЗЭДЭЖАЩ

Мыгъэрей зэхьэзэхуэхэм я ещанэ шыгъэжэгъуэр Налшык и ипподромым щызэхэтащ. Щыгъуазэ фыхуэтщIынщ абы кърикIуахэм.

Гуапэ зэрытщыхъуащи, мы гъэм хуэдэу, япэ шыгъэжэ­гъуищым апхуэдиз цIыху еплъыну зэи къекIуэлIакъым. Бжыгъэ­хэм кIэлъыплъхэм къызэрыджа­IамкIэ, ар цIыху минипщIым ­щIегъу. ИтIанэ, илъэсищкIэ ­зэ­пы­уауэ, адыгэшхэри къы­зэ­дагъэжащ. Ар къыщыхъуар сы­хьэтиплIхэм дежми, иужь дыдэ зэпеуэгъуэу щытми, мы спорт лIэу­жьыгъуэм дихьэххэр тепыIафIэу пэплъащ, апхуэдизкIэ хуэзэшат мыпхуэдэ Iуэхугъуэми. Ар щыхьэт тохъуэ ди лъахэгъухэм адыгэшым, шыгъажэм хуаIэ лъагъуныгъэр зэрыкуум. Апхуэдэу, къызэдагъэжахэм я ныбжьыр илъэ­сищ нэхърэ нэхъ мащIэтэкъым, я бжыгъэр 11 хъурт. 
ИтIанэ мы зэпеуэм, метр 1600-рэ хъум, Кавказ Ищхъэрэмрэ Кавказ Ипщэмрэ я «Урысей ипподромхэр» АО-м и жэрдэмкIэ, къыщыжащ Сэкрэк Заур и Карабаирыр. Ар фэеплъ хуащIащ Кавказ зауэм хэкIуэда адыгэхэм. Шухэм псоми адыгэ фащэ ящыгъащ. ШыгъэжапIэм и унафэ­щIым ейр къыщылыдыкIыу хужьт. Мы къэжэгъуэм, и заво­дым къыбгъэдэкIыу абы игъэува ахъшэ саугъэтыр сом мини 100 хъурт. Ар къэзыхьар Гелиос шырщ. Абы тесар Борсэ Сэ­лимщ. Саугъэтыр текIуахэм езытар Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийщ.
Иджы адрей зэпеуэхэм, зэры­зэ­кIэлъыкIуэм хуэдэу, дакъытеувыIэнщ.
Япэу, илъэситI зи ныбжь шы лъэпкъыфI зэмылIэужьыгъуэ­хэр метр 1000 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм къыщызэдэжахэщ, Ростов и шыгъэжапIэм и саугъэтым щIэбэну ТекIуэныгъэ къэзыхьар Сэкрэк Заур и Баккарат Роуджырщ. Абы и гъэсакIуэщ Бахъуэ Мухьэмэд. Тесар япэ категорие зиIэ шууей Щоджэн Iэдэмщ. Мы зэхьэзэ­хуэр, ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэсыху, апхуэдизкIэ зэры­хэгъэ­зыхьу, гуащIэу екIуэкIати, япэ увыпIэр къэзыхьар адрейхэм зэрефIэкIар бжьизкIэщ. Абы къигъэлъэгъуащ Урысейм къыщагъэхъуа шы лъэпкъхэр етIуа­нэу къэса ирланд щылъхум зэ­рефIэкIыр.
КъыкIэлъыкIуэу ирагъэкIуэкIа зэ­дэжэгъуитIри куэдым мыхьэнэ хэха зратхэм ящыщт. Илъэсищ зи ныбжь хьэ­рыпышхэмкIэ метр 1600-м къы­щы­зэдэжахэм зэ­кIэлъхьэужьу, еща­нэу текIуэныгъэ къыщы­зыхьар Талащенкэ Юрэ и шырщ. Абы и гъэсакIуэр Михайлук Василийщ. Къэзыгъэжар мастер-­шууей Тихонов Юрэщ.
Саугъэту сом мин 300 щагъэджэгуа зэдэжэм нэхъ лъэпкъыфIхэу ших щызэпеуащ. Ди дэщIакIуэхэр щыгугъами, абы щытекIуакъым «Эльбрус» клу­бым и Аксессыр. Ар етхуанэу къэсауэ аращ. Бжьы­пэр зыубыдар Лайткон американ шырщ. Зейр Новомарьевскэ ­мэкъумэш фермэрщ.
Метр 1800-м къыщыжахэми, дызэрыщыгугъам хуэдэу, Мам­хэгъ Астемыр и Багдарэр щытекIуа­къым. Псом нэхърэ ­нэхъ жэру къыщIэкIар Бабуев Тимур и шырщ. Шууейуэ щытар Щоджэн Iэдэмщ.
Зыми хуигъэфэщакъым зи ныбжь хэкIуэта Акцент къигъэ­хъуар. Иужь зэманым ехъулIэныгъэшхуэ имыIэжу къекIуэкIыурэ, гъэсакIуэ цIэрыIуэ Алокъуэ Аслъэнджэрийрэ япэ категорие зиIэ шууей Шыкъ Астемыррэ я Iэ­мыщIэ ихуэри, абы хъарзынэу зыкъиIэтыжащ, мы къэжэгъуэми щытекIуащ. Ар умыгъэщIэгъуэну гугъущ, къызэдэжахэм я лъэ­кIыныгъэр къэплъытэмэ.
КилометритI зи кIыхьагъ гъуэгуанэм къыщызэдэжа, илъэсищ зы ныбжь шипщIым нэхъапэкIэ ехъулIэныгъэшхуэ зиIа яхэттэкъым. Мыхэр мастер-гъэсакIуэ Хьэмыз Руслан и щIыхькIэ къызэдэжащ. Шыгъэжэгъуэ махуэр къызэрекIуэкIам къыщ­хьэ­щыкIакъым мыри. Ямыгугъауэ Салмахажиев Назарбэч иш Шунгитыр псоми ящхьэщыжащ. Зыгъэхьэзырар ПщыукI Амирщ. Ар къэзыгъэжа Сыжажэ Руслани и тренерщ.
Дзэм езым и фIэфIыныгъэкIэ къулыкъу щищIэу, Украинэм ще­кIуэкI зауэм хэкIуадэу «Урысейм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр зрата Аршинов Николай фэеплъ хуа­щIа къызэдэжэм нэхъ лъэп­къыфIу къалъытэ шипщIым, ­нэхъ ныбжь зиIэхэм, метр 2000 зэпачащ. Мыб­дежми дэщIа­кIуэхэм ягугъа, ДыщэкI Хьэжмурат и Ультиматумыракъым текIуэ­ныгъэ къэ­зыхьар, атIэ франджы шы лъэп­къыгъуэ Биг Брайтщ. Ар зейр мастер-тренер Кантакузин Максутщ, тесар мастер-шууей Иванской Александрщ. 
Урысейм къыщагъэхъуа, илъэсищ зи ныбжь шы лъэпкъы­гъуэфIхэу пщIы Украинэм щызауэ ди лIыхъужьхэм я щIыхькIэ ягъэува саугъэтым щIэбэнащ. Ахэр къыщызэдэжащ метр 1800-рэ зи кIыхьагъ гъуэгуанэм. Гугъу дехьами, хуэфащэу абы бжьыпэр щызыубыдар Сэкрэк Заур и пцIэгъуэплъ Альфаизщ. 
Зи чэзу шыгъэжэгъуэр мэ­къуауэгъуэм и 17-м зэхэтынущ.

ШАФИЙ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)