ХЪУМПIЭЦIЭДЖХЭМ Я БГЫР ЩIЭПСЫГЪУЭР

Алтай таурыхъ

Еуэри, зы хьэндыркъуакъуэ псыпцIэ Iуфэм щыпсэурт. Махуэ гуэрым ар и унэм къыщIэкIри пкIэм-лъэурэ жыжьэIуэ IукIри, гъуэщащ. АдэкIэ кIуащ, мыдэкIэ кIуащ, гъуэгур  къыхуэцIыхужакъым. Абы хэту,  хъумпIэцIэдж гупым яхэувэри, мохэр и тхыцIэм тез къэхъуащ.

         -УаI, уаI, дауэ фымыукIытэрэ сэ гъуэща тхьэмыщкIэм, мэжэщIалIэм фыкъыстегушхуэну? - жиIэри къэгуоуащ удзыфэжьыр.

         ХъумпIэцIэджхэм ар зэрызэхахыу укIытэри, псоми зэуэ щхьэщэ къыхуащIащ.

         - ПщIэ зыхуэтщI хьэндыркъуакъуэ, нытхуеблагъи ди ерыскъым хэIэбэ, - жаIэри хагъэзыхь щыхъум, яхуеблагъэри, жьантIэм дэтIысхьащ. Ефащ, ешхащ, зимыщIэжу дихьэхри, фоупс куэду ирифащ, апхуэдизкIэ шхэIуати, зэрыщысым хуэдэу Iурихащ.

         Дыгъэр гуащIэ хъуат ар къыщыушам. ХъумпIэцIэджхэр лэжьакIуэ зэрежьэрэ куэд щIат, зы закъуэ къагъэнат  дыгъуэпшыхь зэхатхъуахэр   зэщIикъуэжыну.

         - КхъыIэ, мо жыгым дэпщей, ихъуреягъкIэ зыплъыхьи, си унэр здэщыт лъэныкъуэр къызжеIэ, - йолъэIу абы хьэндыркъуакъуэр.

         ХъумпIэцIэджыр жыгым дэпщеяуэ зеплъыхь.

         - Мес, къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ уи псыпцIэр лыдыжу щытщ. Ухуеймэ, сэ нэхъ гъуэгу кIэщIыр уэзгъэлъэгъунщ.

         - Сыту гу щабэ уиIэ! НакIуэ нэхъ псынщIэу, сынэбгъэсыжмэ, IэфIыкIэ гуэрхэмкIэ узгъэфIэжынщ, - мэгуфIэ хьэндыркъуакъуэр.

         - Гъуэгур уэзгъэлъэгъунщ, ауэ  сыныщIыхьэнукъым. Дэ хъумпIэцIэджхэр  дыщылажьэми  дыщышхэми дызэгъусэщ, тIуми зыри хэдныркъым.

         - Хъунщ, хъунщ, содэ, псори си деж фынакIуэ. Ауэ нэхъ псынщIэIуэу, пшапэр зэхэмыуэ щIыкIэ сынэсыжын хуейщ, - мэпIащIэ хьэщIэр.

         ХъумпIэцIэджыр жыгым къелъэри, псыпцIэ лъэныкъуэмкIэ иунэтIащ. Хьэндыркъуакъуэри абы и кIэм итщ. Абыхэм я кIэм ищIауэ мэзым хъумпIэцIэджу щIэсыр кIапсэлъэрышэу макIуэ.

         Арати, псыпцIэм нэсащ. Хьэндыркъуакъуэр къызэплъэкIмэ,  псыпцIэ Iуфэм нэм илъагъур фIыцIагъэщ. АпхуэдизкIэ хъумпIэцIэджхэр куэд мэхъури, удзыр къыщIэщыжыркъым.

         Хьэндыркъуакъуэр къэгузэвэри  и нэхэр къикIащ. Сыт ищIэнур? Дауэ а къомыр зэригъэхьэщIэнур?

         - Сыту си гуапэ сыкъызэрыфшэжари фыкъызэрысхуеблэгъари. Мыбдеж фыкъыщызэжьэ, сэ Iэнэр къызэтрагъэувэну унафэ сщIынщ, - жиIэри макъышхуэ ищIу абы  псым зыхидзэжащ.

         ХъумпIэцIэджхэр абы ежьэу, махуэ щытащ, етIуанэри кIуащ - хьэндыркъуакъуэр бгъуэтмэ, къащтэ.

         Ебланэ махуэм абыхэм я пщыр  къэгубжьащ.

         - Хьэндыркъуакъуэ пцIыупс ущыгугъмэ,  мэжэщIалIэм уихьынщ, - жиIэри и бгыр быдэу щIикъузэри, псори унэм ишэжащ.

Абы лъандэрэ хъумпIэцIэджхэм я бгыр щIэпхауэ къакIухьу жаIэ, ауэ хьэндыркъуакъуэхэми а лъэхъэнэм щыщIэдзауэ я нэр къикIыу хъуауэ яIуатэ.

Хэт ищIэрэ, пэжынкIи хъунщ.

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.