ПХЪЭIЭПЭ

Ди зэманым хадэхэм дызэрилэжьыхь пхъэIэпэр къызытехъукIа Iэмэпсымэр къызэрыунэхурэ куэд щIащ. Тхыдэджхэм хуагъэфащэ ар илъэс мин 12-14-кIэ узэIэбэкIыжмэ, цIыхухэр щэкIуэнымрэ щыпэнымрэ къытекIыу щIым телэжьыхьын щыщIадзам хуэзэу. ЯпэщIыкIэ щIыр ирагъэщабэу яIар зи пэр папцIэ пхъэщ. ИужькIэ цIыхухэр егупсысащ апхуэдэ папцIэ зыбжанэ зэуIумэ нэхъ тыншу узэрырилэжьэфынур. Япэрей пхъэIэпэхэр пхъэрат къызыхэщIыкIар, абы щыгъуэ гъущIыр иджыри ящIэртэкъыми. Ауэ щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ, пхъэIэпэм и пэм мывэ папцIэ е хьэкIэкхъуэкIэ нэхъ пIащэхэм я дзэхэр палъхьэу щытауэ.

ПхъэIэпэр цIыхухэм къызэрагъэсэбэпам теухуа япэ дэфтэрхэр щыIащ ди эрэм ипэкIэ илъэс минищ ипэ. Абы щыхьэт тохъуэ Америкэ Ипщэмрэ Азие ЦIыкIумрэ я къырхэм археологхэм зыщрихьэлIа хьэпшыпхэр. А щIыпIэхэм къыщагъуэтащ зэгуэр ягъэщабэу мывэм хуэдэу быдэ хъужа щIым телъ лъэужьхэр. Абы къыбжеIэ пхъэIэпэр щIыпIэ зэпэжыжьэхэм цIыху зэхуэмыдэхэм къыщагупсысауэ.

Езы «пхъэIэпэ» псалъэр къызытехъукIам теухуауэ щIэныгъэлIхэм жаIэр зэтехуэркъым. Языныкъуэхэм хуагъэфащэ ар алыдж-латин псалъэм къытехъукIауэ, «губгъуэ» жиIэу къикIыу. НэгъуэщIхэми жаIэ пасэрей урыс псалъэ и лъабжьэу икIи «гуахъуэ» мыхьэнэ иIэу.

XIX лIэщIыгъуэм щыIа пхъэIэпэхэр IэкIэ зэпкърылъхьат, къызэрагъэсэбэпри щIыр ирагъэщабэу арат. Америкэм и IэпщIэлъапщIэхэр елэжьащ пхъэIэпэр нэхъ тынш щIыным. 1896 гъэм фокIадэм и 8-м США-м и патент №567-р  иратащ Гиббс, пхъэIэпэм и IэмалыщIэ къызэригупсысам папщIэ. Патентым къыщыгъэлъэгъуат U – теплъэр зиIэ гъущI тхьэмпэу щыт пхъэIэпэм и щIыкIэр. «Gibbs Lawn Rake» компанием XX лIэщIыгъуэм апхуэдэ пхъэIэпэхэр куэду къыщыщIигъэкI хъуащ Кантон къалэм (Огайо штат). Брокгаузрэ Ефронрэ я энциклопедие псалъалъэм къыщокIуэ пхъэIэпэ лIэужьыгъуэ зыбжанэ - американ, инджылыз, нэмыцэ пхъэIэпэхэр.

Ди зэманым хадэшхуэхэм фермэхэм, губгъуэхэм къыщагъэсэбэп пхъэIэпэхэм яхэткъым IэкIэ зэпкъралъхьа. XX лIэщIыгъуэм къежьащ апхуэдэ щIыпIэ инхэм папщIэ къагъэсэбэп пхъэIэпэшхуэр. ЯпэщIыкIэ апхуэдэ пхъэIэпэр шым кIэращIэ, иужькIэ тракторым палъхьэ хъуащ. Нобэ пхъэIэпэхэр щыIэщ мэкъу иризэщIакъуэуи щIыр ирагъэщабэуи.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

22.09.2023 - 15:18

ПСЫ ЗЫЩIАГЪЭЛЪАДЭ ЩIЫХЭМ ХАГЪАХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2019 - 2023 гъэхэм республикэм псы зыщIагъэлъадэ щIыуэ къыщагъэсэбэп гектар мин 30,5-рэ, дызэрыт илъэсым абы хагъэхьа гект

22.09.2023 - 12:35

ДАЛИ И ДАМЫГЪЭХЭР

Сюрреализмым и сурэтыщI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ Дали Сальвадор и IэдакъэщIэкIхэм дамыгъэхэр сытым дежи IупщIу къыхощ. Дали дихьэхыу иджу щытащ психоанализ щIэныгъэр.

22.09.2023 - 09:03

РЕСПУБЛИКЭМ И ХАБЗЭХЪУМЭХЭР ТОКIУЭ

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэу Кавказ Ищхъэрэ округым щыIэхэм дзэ прикладной спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ я чемпионат Зеленокумск щекIуэкIащ.

21.09.2023 - 12:35

АДЫГЭ ЦIЫХУБЗЫМ И МАХУЭ

Иужьырейхэм мэкъуауэгъуэм и 23-р адыгэ цIыхубзым и махуэу жаIэ хъуащ. НэгъуэщIу, Сэтэней и махуэкIи йоджэ.

21.09.2023 - 09:03

ЖЫЛАПХЪЭМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым жылапхъэ нартыхум и куэдагъым иужьрей илъэситхум тонн мини 3-кIэ хигъэхъуащ, ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ яIэу щытам нэхърэ.