ГЪАЩIЭМ И ДАМЫГЪЭХЭР

Щыхьэрышхуэхэмрэ къалэ цIыкIухэмрэ я теплъэхэр егъэфIэкIуэным, хьэщIэ кIуапIэ щIыным, цIыху нэхъыбэ ешэлIэным, ахэр нэгузыужьыпIэу гъэпсыным ехьэлIауэ зэхьэзэхуэ куэд къэралым иужьрей илъэсхэм щрагъэкIуэкI. Нэхъ зэпэщ ящIыну зыщIэхъуэпс, къалэм и цIэр зэпха, тхыдэ Iуэхугъуэхэр зыпыщIа щIыпIэ щхьэхуэхэм щхьэкIэ пэIудзауэ хэхыныгъэхэр ирагъэкIуэкI, къыхэжаныкIахэр я ухуэныгъэкIи, IуплъапIэкIи, зэгъэпэщыкIэкIи ирагъэфIакIуэ, теплъафIэ ящI. Апхуэдэ гукъэкI дахэхэр зи лъабжьэ Iуэхугъуэ куэд Къэбэрдей-Балъкъэрми къыщыхалъхьэ.

Апхуэдэу Налшык къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм къалэ кIуэцIыр егъэфIэкIуэнымкIэ зэпеуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. Ар теухуат дохутыр икIи егъэджакIуэ IэщIагъэхэм я пщIэр зыIэт мывэ скъар къалэм дэгъэува зэрыхъунум, нэхъыфIыр къыхэхауэ ар здагъэувыну щIыпIэм и Iэгъуэблагъэр гъэнэхуэным. Зэпеуэр езыгъэкIуэкIа IуэхущIапIэм и унафэщI Ахъуэхъу Таймураз зэрыжиIамкIэ, жэрдэмым къалэ кIуэцIым и теплъэр гъэдэхэным хуэунэтIа къудейкъым, атIэ щIыналъэм и къалащхьэр зэIузэпэщ щIыным цIыхубэри хэгъэпсэлъыхьын зэрыхуейри пщэрылъ зыщещIыж абы.

«Дыщыпсэу щIыналъэр игъащIэми жэнэт щIыпIэу къалъытэ. Мы хэгъэгум зэ къихьам зэи щыгъупщэркъым илъэгъуа щхъуантIагъэр, псыежэххэр, бгылъэхэр. ЩIыуэпсыр гукъинэж ещI абы хэпсэукI къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я теплъэри хуэфэщэну зэрыщытым. Ауэ ебгъэфIакIуэ мыхъун щыIэкъым. Къыхэтлъхьа зэпеуэмкIэ дэ пщэрылъ зыщытщIыжащ дыкъэзыухъуреихь дунейм хуэдэу, псэупIэ тхуэхъуа, гъащIэри лэжьыгъэри щетхьэкI къалэм и теплъэр едгъэфIэкIуэну. Дэ дыхуейщ узыIэпишэм къыщымынэу, удихьэхым къыщымыувыIэу, купщIэ зыхэлъ, цIыхухэр зыгъэгупсысэн зы дахагъэ гуэр къалэ кIуэцIым дэдгъэувэну. ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэным икIи зэфIэгъэувэжыным зи гуащIэр езыт дохутырхэмрэ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ щIэблэм бгъэдалъхьэу зи гъащIэр абыхэм щхьэузыхь яхуэзыщI егъэджакIуэхэмрэ хуэдэу, дызытет дунейр IэфIи нэхуи къытщызыщI куэд щыIэу къыщIэкIынукъым. Дегупсысри, абыхэм я пщIэр зыIэт мывэ скъар къыхэгъэжынымкIэ зэпеуэ едгъэкIуэкIыну тедухуащ. Си гугъэщ къыхэтлъхьа жэрдэмым гъуэгу игъуэтауэ, сыту жыпIэмэ абы къыпэджэжащ, ар къыддаIыгъащ», – жиIащ Ахъуэхъу Таймураз.

Зэпеуэм къыхыхьахэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къалэ IуэхущIапIэм и пэш цIыкIум къыщызэрагъэпэщащ. КъэпщытакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, жыпхъэ цIыкIум ит фэеплъ дэтхэнэми езым и хъыбар къиIуатэрт, узыIуплъэр къопсалъэм ещхьу и уней тхыдэ къыхэщырт. Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщI икIи скъарыщI цIэрыIуэхэр зыхэт къэпщытакIуэ гупым нэхъыфIу къилъыта фэеплъхэр дэтхэнэри хъэтI щхьэхуэ зиIэ, гъэпсыкIэ зэмылIэужьыгъуэм ит IэдакъэщIэкIт.

КъэпщытакIуэхэм япэ увыпIэр иратащ скъарыщI щIалэ, Строганов Сергей и цIэр зезыхьэ Къэрал академиер къэзыуха Уэрэзей Аслъэн. Абы зэрыжиIамкIэ, и IэдакъэщIэкIыр щигъэхьэзырым ар зытеухуар и теплъэм къыхэщу, занщIэу къэпцIыхуу зэрыщытынум хущIэкъуащ, ауэ хъэтI и лъэныкъуэкIэ гупсысэ гуэрхэр гъуазджэр зыфIэфIхэм къыхахын хуэдэуи зэригъэжыным иужь итащ. «Мыр мыращ» жыпIэу уIуплъэмэ, зищIысыр нахуэу къыбжезыIэ теплъэхэм нэхърэ гупсысэ къуэпсхэм зезыгъэдз бгъэдыхьэкIэр тегъэщIапIэ сщIащ», – жиIащ Уэрэзейм.

ЕтIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Урысейм художествэхэмкIэ и академием и академик ГъущIапщэ Арсен. ГъущIапщэр куэдым къацIыху, зи IэдакъэщIэкIхэр хамэ къэралхэми щагъэув скъарыщI цIэрыIуэщ. Абы къэпщытакIуэхэм я пащхьэ ирилъхьа лэжьыгъэм зэ IуплъэгъуэкIэ дохутыри егъэджакIуи хэплъэгъуэнукъым. «IэщIагъитIри гъащIэм и дамыгъэу къызолъытэ. Ауэ сэ егупсысауэ сыкъыбгъэдэкIащ абыхэм я теплъэр къэзыгъэлъагъуэ Iэмалым. Ар нэхъыщхьэу къэслъытэркъым, сыту жыпIэмэ а IэщIагъэхэр зезыхьэ цIыху гуащIафIэхэр ди гъащIэм мымащIэу хэтщи, къыдоцIыхури, зыхуэдэр дощIэри. Сэ сызыхущIэкъуар а IэнатIэхэм я купщIэр къэзыгъэлъагъуэ дамыгъэ утыку къилъхьэнырщ, абыкIэ цIыхубэм я зэхэщIыкIым щхьэщыIэтыкIа гупсысэкIэ зэрыщыIэр къезгъэщIэнырщ», – тепсэлъыхьащ и Iэужьым ГъущIапщэр.

ЗэрыхагъэунэхукIамкIэ, дохутыр IэщIагъэм ехьэлIа скъарыр Налшык къалэ дэт, Щоджэн Николай и цIэр зезыхьэ уэрамым къедза жыг хадэм щагъэувынущ, егъэджакIуэ IэнатIэм пэрытхэм папщIэ ягъэжар 33-нэ курыт еджапIэм и гъунэгъуу щыт жыг хадэм ирагъэувэнущ. А лэжьыгъэ псори дызэрыт илъэсым и фокIадэ мазэ пщIондэ зэфIагъэкIыну я гугъэщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.