«ЩЭРДАНЫР» ТОКIУЭ

Дунейр къезыгъэлынур дахагъэрщ, жиIэгъат зэгуэрым урыс тхакIуэшхуэ Достоевский Фёдор. ЦIыхур зищIысыр къихутэу зи гъащIэр зыхьа гупсысакIуэ цIэрыIуэм зэрыжиIэмкIэ, теплъэкIэ узыIэпызышэм и закъуэкъым дахагъэ зыбгъэдэлъыр, атIэ зи гуращэр, зи дуней лъагъукIэр, зи гупсысэкIэр щапхъэу бгъэлъагъуэ, урипсэу, уригъуазэ хъуну щIыкIэхэми а фIыгъуэр ябгъэдэлъщ. Ар зэрыхьэкъыр нэрылъагъу ищIащ иджыблагъэ Железноводск (Псыхуабэ цIыкIу) къалэм дэт, Пускепалис Сергей и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм щекIуэкIа зэIущIэ дахэм. «Премия Art level» зи фIэщыгъэ, иджырей икIи цIыхубэ щэнхабзэмкIэ II Урысейпсо зэхьэзэхуэ-гъэлъэгъуэныгъэм къызэхуишэсащ Кавказ Ищхъэрэми, Урысейм и щIыпIэ пхыдзахэми щыпсэу лъэпкъхэр, утыку къищIащ дэтхэнэми ижь лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ къафэ щэнхабзэр.

КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, зэхьэзэхуэм и пщэрылъ нэхъыщхьэу щытщ Каказымрэ Псыхуабэ цIыкIу къалэмрэ я пщIэр къэIэтыныр, щIыпIэм зыплъыхьакIуэ нэхъыбэ къешэлIэныр, хьэщIэщ икIи нэгузыужь зекIуэ Iуэхутхьэбзэхэм зегъэужьыныр. Къэралпсо мыхьэнэ зиIэ зэIущIэхэм щIыналъэм цIыхушхуэ къызэрыришэр къалъытэкIэрэ, къэрал къулыкъущIэхэм мыпхуэдэ зэпеуэ-гъэлъэгъуэныгъэхэр нэхъыбэу зэхашэ, гъуазджэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм заужьыну Iэмал ират.

Зэпеуэм и утыкум зыщагъэлъэгъуащ Дагъыстэным къыщегъэжьауэ Тэн Iус Ростов щыщIэкIыжу щэ бжыгъэкIэ къикIа гъуазджэ лэжьакIуэхэм. Зэпеуэм къыхэщырт Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр. Абыхэм зэпеуэм щагъэлъэгъуащ ижь лъандэрэ къадекIуэкI къафэ щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр, абыхэм иужьрей илъэсипщIхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэр къызытещ къафэ теплъэгъуэхэр, иджырей къэфэкIэхэр. КъищынэмыщIауэ, зэпеуэм хэтащ макъамэ Iэмэпсымэхэр зыгъэбзэрабзэ, уэрэджыIакIуэ икIи театр гупхэм. Къыхэгъэщын хуейщ лъэпкъыбэр зэхыхьэу щхьэж я зэфIэкI ягъэлъэгъуа къудейм къыщымыувыIэу, зэпеуэм зы IэнатIэм епхауэ лажьэ щIалэгъуалэри, унэтIакIуэхэри, гъэсакIуэхэри нэIуасэ зэхуищIащ, зэпыщIэныгъэхэр я зэхуакум къыдилъхьащ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ а зэпеуэм хэтащ Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт, макъамэм щыхуагъасэ сабий еджапIэм щылажьэ «Щэрдан» къэфакIуэ гупыр. Зи хъыбарыфIхэр щIэх-щIэхыурэ зэхэтх ныбжьыщIэ гупым я зэфIэкIыр жыжьэ нэсащ. Абыхэм яхузэфIэкIащ Урысейм и щIыналъэ Iэджэм зыщагъэлъэгъуэн, я Iэзагъымрэ къапих щIалэгъуэ хъуаскIэмкIэ куэд къыдахьэхын. Мызыгъуэгуми зэрыхъуар аращ – «Щэрдан» къэфакIуэ гупыр гуимыхужу джэгуащ, адыгэм и щэнхабзэр, и зыIыгъыкIэр, и дуней тетыкIэр къызытещ къафэхэмкIэ цIыхухэм яхыхьащ. Псоми щIэщыгъуэ ящыхъуащ уэркъыгъэ лъагэкIэ гъэнщIа къафэ зэтеубыдахэр, гукъыдэжымрэ гухэхъуэмрэ зэбэкI лъапэрисэхэр, гугъэмрэ нэхугъэмрэ зытепсэ уджхэр. Дунейм и пIалъэхэм ещхьу зызэблэзыхъу адыгэ къэфэкIэхэм дихьэхащ къэпщытакIуэ гупыр икIи, абы хэтхэр псори зэдэарэзыуэ, «Щэрданым» текIуэныгъэр къратащ. НыбжьыщIэхэм яхузэфIэкIащ, адыгэ щэнхабзэм и дахагъэр урысейпсо утыкум ирахьэм къыщымынэу, цIыхухэм я гум зыпхидзу яIэтын. Абы щхьэкIэ зи гуащIэ емыблэжу Iуэхум хэтахэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ.

Гупыр къызэрызэрагъэпэщрэ куэд дыдэ мыщIами, цIыхуищэм щIигъу хэтщ, зэфIэкI хъарзынэхэр егъэлъагъуэ. Шэджэм щIыналъэм зы Iуэхугъуэ щекIуэкIыркъым «Щэрданыр» зыхэмыт, уеблэмэ хэгъэгум и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм ирагъэблагъэ. КъэфакIуэхэм я унафэщIхэм я мурадщ «щапхъэ зытепх хъун» цIэр къыдахыну, а гуращэм етауи мэлажьэ.

ТекIуэныгъэ къэзыхьахэм гуапэу яIущIащ Шэджэм щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Борсэ Юрэ. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэр дахэкIэ зыгъэIуа гупым хъуэхъу псалъэкIэ сапегъуэкIыну къызэрысхуихуар сэркIэ гуапэщ. ЩIалэгъуэр дахэщ, жыхуаIэращи, абы хуэфэщэн дахагъэ къыздэфхьри фыкъекIуэлIэжащ, къыфхуагъэфэща текIуэныгъэмкIи ди гур хэвгъэхъуащ. КъыдэкIуэтей щIэблэр гъуэгу захуэ тегъэувэныр дэтхэнэ зы балигъми ди пщэрылъщ. Ахэр фIым хуэбущииныр, ди адэжьхэм къащIэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм щIэпIыкIыныр шэсыпIэ нэгъэса ирокъу абыхэм цIыху нэс къазэрыхэкIынумкIэ. «Щэрдан» къэфакIуэ гупым и унафэщI Гъууэтыж Аскэр лэжьыгъэшхуэ зэфIех абы и лъэныкъуэкIэ. Зи лъэкIыныгъэр ин, зи гуращэхэр нэхъыбэж щIалэм ехъулIэныгъэфIхэр зыIэригъэхьэу куэдрэ лэжьэну си гуапэщ, и гуащIэдэкIыр псынэпс къабзэу къэзыгъажэ ныбжьыщIэ цIыкIухэми гушхуэныгъэ ягъуэту, утыкушхуэхэм щыбжьыфIэу, фIыкIэ я цIэ къраIуэу псэуну сохъуэхъу», - жиIащ Борсэ Юрэ.

Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуа «Щэрдан» къэфакIуэ гупыр Мэзкуу щызэхашэну къэралпсо Iыхьэм, «Къеблагъэ, дуней!» зи фIэщыгъэм хэтынущ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.