ГуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ я гум щызу

Ди къэралышхуэм хыхьэ сыт хуэдэ щIыпIэми хуэдэу, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и курыт школхэм мы махуэхэм къыщоуэ иужьрей уэзджынэр. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм щIыналъэхэм егъэджэныгъэмкIэ и IэнатIэхэм ярита чэнджэщым тету, гъэ еджэгъуэр зэриухам щыхьэт техъуэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр ди республикэм щегъэкIуэкIыныр дыгъуасэ яублащ, ноби абы пащэ. НыбжьыщIэхэм я гуфIэгъуэр даIэт адэ-анэхэм, егъэджа­кIуэ­хэм, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIы­кIуэхэм, къалэ, къуажэ администрацэхэм я IэщIагъэлIхэм. Школ линейкэхэм апхуэдэу кърагъэблэгъащ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, жылагъуэм пщIэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэр.
Дэтхэнэ школакIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэми, а уэзджынэм и зу макъыр адрей псоми яхуэмыдэжу гурэ псэкIэ зыхащIэ курыт школыр мы гъэм къэзыуххэм. Ди республикэр къапщтэмэ, апхуэ­дэ ныбжьыщIэхэм я бжыгъэр мы гъэм 4000-м щIегъу. МахуэщIыр яфIэхьэлэмэтщ абы япэ дыдэу хэт, езанэ классыр къызэзынэкIа цIыкIухэми. Шэч хэлъкъым - ахэр гурэ псэкIэ йохъуапсэ утыкушхуэм и увыпIэ нэхъыщхьэр нобэ зыхуагъэфэща школакIуэ нэхъыжьхэм икIи хуейщ  я пIэм нэхъ щIэхыIуэу иувэну. АтIэми, абы папщIэ цIыкIухэм ­къакIун хуейщ щIэныгъэ зэ­мылIэужьыгъуэхэмкIэ, къэ­хъу­къащIэ хьэлэмэтхэмкIэ, зэIу­щIэ гукъинэжхэмкIэ, дерс купщIафIэ бжыгъэн­шэ­хэмкIэ гъэнщIа илъэси 10 хъу гъуэ­гуа­нэ дахэ. Апхуэдэхэм пхы­кIарэ балигъ гъащIэм хуэ­хьэзыр хъуа щIалэгъуа­лэщ махуэшхуэм хуэщIауэ екIуу хуэпауэ, гуфIэгъуэмрэ дэрэ­жэгъуэмрэ я гум щызрэ къыщхьэпрыпкIыжу утыкум ягъафIэу ит щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ. Нобэрей иужьрей уэзджынэм и зу макъ жьгъы­рум ахэр IуэхугъуэщIэхэмрэ му­радыщIэхэмрэ къыхуре­джэ. Абыхэм къагуроIуэ ар я сабиигъуэмрэ балигъ гъащIэмрэ зэпызыщIэ лъэмыжу зэрыщытыр. А ныбжьы­щIэ­хэрщ гуфIэгъуэм зыкърезыгъэхьэлIа псоми - егъэджа­кIуэхэми, адэ-анэхэми, школакIуэ цIыкIухэми, хьэщIэ ­лъапIэхэми – нобэкIэ я плъапIэр. Дауи, гуфIэгъуэм хэт дэтхэнэми гъащIэщIэм хэбакъуэ щIалэгъуалэм папщIэ я гум илъыр фIыщ, дахэщ, абыхэм зэрахуэупсэри аращ. 11-нэ классыр къэзыуххэм нобэрей махуэр гукъинэж ящыхъун папщIэ школакIуэ нэхъы­щIэ­хэми ялъэкI къагъэнакъым. Абыхэм школ щIыхьэпIэхэр, гуфIэгъуэ зэIущIэр щекIуэкI утыкухэр удз гъэгъахэмрэ шар зэмыфэгъу гъэпщахэмкIэ ягъэдэхащ, гуфIэгъуэр нэхъыбэу зыхуэу­нэтIахэм папщIэ концерт цIы­кIу­хэр, теплъэгъуэ кIэщIхэр ягъэ­хьэзыращ. 
Ар нобэщ, ауэ махуэ зыбжанэ дэкIмэ, а ныбжьыщIэхэр хъунущ ди республикэм, къэ­ралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студент, лэжьыгъэ IэнатIэхэм Iуувэни яхэтщ. ИджыпстукIэ мы зэманыр абыхэм я дежкIэ хуабжьу ткIийщ: школыр къэзыуххэм къэрал экзаменхэр щат лъэхъэнэр къэсащ. Языныкъуэхэм папщIэ ар яублащ гъатхэпэм икухэм икIи мэлыжьыхьым и кIэхэм зэфIэкIащ. Апхуэдэу къэп­щытэныгъэхэм нэхъ пасэу мы гъэм пхыкIащ школакIуэ 69-рэ. Адрейхэр къэрал экзаменхэм хэтынущ накъыгъэм и 26-м къыщыщIэдзауэ мэ­къуауэгъуэм и 20 пщIондэ, щхьэж итыну ЕГЭ-м елъытауэ. Дауи, ныбжьыщIэхэр ­хущIокъу ахэр ехъулIэныгъэ­кIэ ятыну, хуопабгъэ я хъуэп­сапIэхэм ялъэIэсыну, гугъапIэщIэхэр зрагъэхъулIэну. Шэч къытетхьэркъым абыхэм ящыщ дэтхэнэри къыпэщылъ къэпщытэныгъэхэм тэмэму зэрыпэлъэщынум. Дэтхэнэми наIуэ къищIынущ илъэс 11 зи кIыхьагъ школ гъуэгуанэр сыт хуэдэу къикIуами, а зэманыр дауэ къигъэсэбэпа- ми. 
Иужьрей уэзджынэм ба­лигъ­ гъащIэм хишэ ныбжьы­щIэхэм яхуэгъэза хъуэхъу дахэхэр щыжаIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм зыкърезыхьэлIа дэтхэнэми. Дэри ди гуапэщ, зи щIалэгъуэхэ, нобэ фызыхэт гуфIэгъуэр, абы къыщеуэ уэзджынэ жьгъырум и макъыр угъурлы фхуэхъуну. Ды­нывохъуэхъу гъащIэм фи увыпIэ щывгъуэтыну, ди щIыналъэм, дызыхэт къэралышхуэм яфI къызэрыкIын, фи гупсысэ Iущхэр зи лъабжьэ Iуэху екIу куэд зэфIэфхыну, насып мыкIуэщIкIэ, ехъу­лIэныгъэкIэ гъэнщIа дуней дахэкIэ Тхьэр къыфхуэупсэну. Фи Iуэху фIы ирикIуэ! 

 ЖЫЛАСЭ Маритэ, 
«Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ 
щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.