И ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрырикъур нобэ егъэлъапIэ Аргудан къуажэм къыщалъхуа, Нарткъалэ щыпсэу политик, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Бажэ Дотий.
Бажэ Дотий 1958 гъэм гъатхэпэм и 30-м Аргудан къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэ колхозым и механизатору лажьэ и адэ Мустафэрэ абы и унэгуащэ Жангулэзрэ я бынитхум ещанэт Дотий. Бынуна- гъуэшхуэм къыщыхъуа, пасэу зи адэр зыщхьэщыкIа Бажэ Дотий гугъуехь куэдым пхыкIащ. Илъэсибл ныбжьым иту лэжьыгъэ IэнатIэм пэрыхьэн хуей хъуат ар. Апхуэдэми, гъащIэм ипсыхьа щIалэм хузэфIэкIащ хьэл-щэн нэхъыщхьэхэр - цIыхугъэр, гуапагъэр, гущIэгъур - хэлъу къэгъуэгурыкIуэн. Аргудан къуажэм и курыт еджапIэр 1975 гъэм къиуха нэужь, Дотий дзэм ираджащ. Германием илъэситIкIэ къулыкъу щищIащ, ротэм и нэхъыжьу. Нобэр къыздэсым зэщIоупщIэ, зопсалъэ я нэхъыщхьэу щытахэмрэ къулыкъу къыдэзыщIа языныкъуэхэмрэ. Дзэ къулыкъу нэужьым къигъэзэжри, КъБКъУ-м и экономикэ факультетым щIэтIысхьащ икIи ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Ар экономистуи, бухгалтер нэхъыщхьэуи лэжьащ.
Жэуаплыныгъэ пылъу абы IэнатIэ куэд ирихьэкIащ: КъБР-м и Парламентым и етIуанэ зэхуэсым и депутату, КъБР-м Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым и унафэщIым и къуэдзэу, КъБР-м и Парламентым хабзэр къызэпамыудынымкIэ, цIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ, Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и комиссэм и унафэщIым и къуэдзэу, Аруан, Лэскэн район администрацэхэм я Iэтащхьэхэм я къуэдзэу. КъищынэмыщIауэ, ар жыджэру хэтащ КъБР-м Граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советми.
Бажэ Дотий хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIащ республикэм парламентаризмэр щызэфIэувэнымрэ абы зыщегъэужьынымрэ, щIыналъэм и къэралыгъуэр гъэбыдэным и IуэхукIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ хабзэхэр убзыхунымрэ ахэр къэщтэнымрэ, щIыпIэ самоуправленэ къызэгъэпэщыным, Къэбэрдей-Балъкъэрым зэкъуэтыныгъэр, мамырыгъэр, зэгурыIуэныгъэр щыгъэбыдэным. КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIыу ар жыджэру хэтщ дунейпсо, урысейпсо, щIыналъэпсо зэхыхьэхэм, щIэныгъэ-практикэ конференцхэм.
- Дотэрэ сэрэ курыт еджапIэм дыздыщIэтIысхьащ икIи къыздэдухащ. Илъэс щэ ныкъуэ лъандэрэ дызэроцIыху. ЕджакIуэ нэхъыфIхэм, щапхъэхэм ящыщт, - игу къегъэкIыж и ныбжьэгъу Молэ Мухьэмэд. - Спорт лIэужьыгъуэхэм, футболым, волейболым дахьэхырт. И сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ цIыхум зэрыщхьэпэным хущIэкъуу апхуэдэщ. ЗэрысщIэжрэ и гурылъхэм, и мурадхэм зэрытеIэбэным хуэкIуэ цIыху жыджэрщ.
УнафэщI, къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ Бажэ Дотий и IэнатIэм гудзакъэрэ жэуаплыныгъэрэ пылъу зэрыпэрытым къыдэкIуэу, и лэжьэгъухэмрэ ар къэзыцIыхухэмрэ я дежкIэ щапхъэт абы хэлъ хьэл-щэн дахэхэмрэ гъэсэныгъэмрэ. Дотий цIыхухэм я пщIэр къилэжьащ и къалэнхэм фIыуэ зэрыхищIыкIым, и Iуэху еплъыкIэхэм, гъащIэм зэрыхуэнабдзэгубдзаплъэм, цIыхухэм зэрахуэгуапэм къыхэкIыу.
- Илъэс щэщI ипэкIэ лэжьыгъэ IэнатIэм дыпэрыту дызэрыцIыхуауэ дыкъыздокIуэкI. Ар зи псалъэм тебгъуэтэж цIыху пэжщ, лэжьакIуэ нэсщ, жэуаплыныгъэ зыпылъ цIыху гуапэщ, - жеIэ ЗекIуэрей Алий. - Республикэм, абы щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэнур егъэфIэкIуэным и IуэхукIэ зи зэфIэкIрэ къарурэ емыблэжхэм ящыщщ.
Бажэм Лэскэн районым и къуажэхэм щIалэгъуалэ комитетхэр къыщызэригъэпэщат. Гъэмахуэ зэманым щIалэгъуалэр зэхуишэсырти, тхьэмахуэ зы-тIукIэ бгым дишурэ заригъэгъэпсэхурт.
- Абы и лъэныкъуэкIэ щапхъэ схуэхъуар класс унафэщIу, егъэджакIуэу диIа Арахъэ Хьэжмуратщ. 9-нэ классыр къэдуха нэужь, къуршым, бгым дишэри, дызэрыс щIыпIэм и дахагъэр дигъэлъэгъуат. Ар сигу къинэжащ икIи абы щыгъуэ сигу ислъхьат, балигъ сыхъумэ, щIэблэр бгым дэсшу апхуэдэу зезгъэгъэпсэхуну, - жеIэ Дотий.
- Дотий сэрэ Iуэху щхьэпэ куэд дыздыхэтащ. Апхуэдэщ Хэку зауэшхуэм хэта нэхъыжьыфIхэм, жьы хъуахэм я унэм щыIэхэм гулъытэрэ пщIэрэ зэрахуищIыр, хуэмыщIахэм зэрапэIэбэр, щIэблэр хабзэм, цIыхугъэм, диным, тхыдэм зэрыщIипIы-кIыр, - жеIэ Къунаш Заурбий.
ПсэунымкIэ гугъу ехь унагъуэхэм защIэгъэкъуэным, балигъ мыхъуахэм я Iуэху зэIумыбзхэр яхузэхэгъэкIыным, щIалэгъуалэм я узыншагъэр ефIэкIуэн папщIэ ахэр спортым къыхэшэным теухуауэ Дотий лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ.
- БалигъыпIэ сыщиувэм сигу ислъхьат си адэ Мустафэрэ си анэ Жангулэзрэ бынкIэ сымыгъэхъуэпсэну, нэгъуэщIхэм я бынхэр щапхъэу къыхуахь мыхъуу, къызата гъэсэныгъэмкIэ къысхуэарэзыуэ сызэрыпсэуным и ужь ситыну. Си къуэш нэхъыжьхэу Хьэу-тийрэ Iумэтийрэ - къуэш нэхъыщIэкIэ, си шыпхъу нэхъыщIэ Жанусэ - дэлъху нэхъыжькIэ зэрызмыгъэхъуэпсэнырщ, гуапэу сазэрыхущытынырщ, си гулъытэ зэрыщызмыгъэщIэнырщ сызыхущIэкъуар. А хъуэпсапIэхэр къызэхъулIамэ фIыщ. Анэкъилъхухэр дызэрымыщIэу, я Iуэху зыIутым зыщызмыгъэгъуэзауэ сыжеифыркъым - жеIэ Дотий. - Ди япэ итахэм адыгэ хабзэри цIыхугъэри нэхъ зэрахэлъу щытам шэч къытесхьэркъым. Ди ныбжьым итхэми ахэр къыддалъагъун хуейщ. КъыткIэлъыкIуахэм лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ яхэмылъмэ, дэращ ар зи къуаншагъэр. Ди нэхъыжьыфIхэм яхуэфащэ пщIэрэ гулъытэрэ ягъуэт, щIэблэм лей къалъымысу къытщIэувэнырщ сызыщIэхъуэпсыр.
- И цIыхугъэкIи, и дуней тетыкIэкIи, дэплъагъу хабзэкIи абы хуэдэ уигъэлъыхъуэнт, - жаIэ Дотий и лэжьэгъухэмрэ и цIыхугъэхэмрэ. Сыт щыгъуи и лэжьэгъухэм гулъытэ яхуищIу, я щхьэкIи я унагъуэкIи ящIэупщIэу апхуэдэт.
- Куэд щIауэ дызэроцIыху. Дызэрызэдэлэжьа илъэс бжыгъэм къриубыдэу фIагъ куэд дэслъэгъуащ. Ныкъусаныгъэ къыбди-лъагъумэ, имыбзыщIу, къалэн къыщащIа Iуэхум жэуаплыныгъэ пылъу бгъэдэту апхуэдэт, - жеIэ Нэхущ Заурбий. - ЗымащIэкIи и хьэл-щэн дахэм ноби кIэрыхуакъым.
Дотийрэ и щхьэгъусэ Светланэрэ унагъуэ дахэ зэдаухуащ. Абыхэм бынищ къащIэхъуащ: Индирэ дзэ дохутырщ, Радимэрэ Ельдаррэ - юристщ. Зэщхьэ- гъусэхэм къуэрылъху- пхъурылъхухэр яущий, ягъасэ, ягъэгуфIэ, ягъэгушхуэ.
Бажэ Дотий ящыщщ зи лэжьыгъэм и пщIэр къалъытахэм. Абы иIэщ КъБР-м и Iэтащхьэм ФIыщIэ къызэрыхуищI тхылъ, КъБР-м и Парламентым и ЩIыхь тхылъ, республикэм и министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. КъищынэмыщIауэ, ТворчествэхэмкIэ дунейпсо академием къыхуигъэфэщащ «Патриот России» медалыр, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ» юбилей медалыр, нэгъуэщIхэри иIэщ.
Тхыгъэр зытеухуа Бажэ Дотий дохъуэхъу узыншагъэрэ дэрэжэгъуэрэ щымыщIэну, и унагъуэкIи и IыхьлыкIи гуныкъуэгъуэ имыIэну, гъащIэм гу щихуэну.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.